Articles





Бжьамийм епщэныр





[ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]





Мухьэммэд аль-Тууейджри





Ибрахим и къуэ





—™





Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:





Аматуллах Шэркэси





Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:





Абу Мухьэммэд Шэркэси









النفخ في الصور





محمد بن إبراهيم التويجري





—™





ترجمة وتدقيق لغوي:





أمة الله الشركسي





مراجعة شرعية:





أبو محمد الشركسي





 





Бжьамийм епщэныр





- Бжьамийр бжьакъуэщ зэпщэхэм хуэдэу, Алыхь Лъап1эу Лъагэм унафэ хуищ1ынущ Исрафил, гьэлейхи сэлям, япэрей епщэгъуэ епщэну а бжьамийм, аращ епщэгъуэ псэр 1узыхыр, абым уафэхэми щ1ыми щы1эу хъуам я псэхэр хихынущ Алыхьым къыригъэлахэм мыхъумэ къэмынэу. Ит1анэ ет1уанэу епщэну унафэ хуищ1ынущ, ар къэзыгъэхъуж епщэгъуэращ, Алыхьым къигъэхъуауэ хъуар къаплъэу къэувыжынущ.





- Алыхьым къигъэхъуахэм я щытык1эхэр бжьамийм щепщэк1э:





1) Алыхьым жи1ащ: «Къабгъэдэк1 абыхэм! Джак1уэр къаджэу ахэр зыщышынэм щришэл1эну махуэм я нап1эр къамы1этыфу псори я мащэхэм къипщыжынурэ, мац1эдзэм ещхьу джак1уэм идеж яунэт1ынущ. Джаурхэм жа1энущ: «Сыту махуэ хьэлъэ мыр!» (Аль-Къэмэр: 6-8).





2) Алыхьым жи1ащ: "Бжьамийм къепща нэужь, уафэхэми щ1ылъэми щы1эр, щыблэ зэуам хуэдэу, псори зэтриук1энущ, Алыхьым къихъумам ф1эк1а къэмынэу. Иужьк1э, ет1уанэу къыщепщэжк1э, псори къэтэджыжынущ къаплъэхэу". (Аз-Зумэр: 68).





3) Алыхьым жи1ащ: "Бжьамийм къызэрепщэу, ахэр я кхъэхэм къыщ1эк1ыжынурэ я Тхьэм деж яунэт1ынущ. Абыхэм жа1энущ: "Еууей мыгъуэ, хэт дыкъэзыгъэтэджыжар ди кхъэхэм?" (Мэлэ1ычхэм) къыжра1энущ: "Мыращ Тхьэм жыхуи1ари, л1ык1уэхэм къагъэнахуэри". (Йасин: 51-52).





4) Алыхьым жи1ащ: "Бжьамийм къыщепщэну махуэм фэ гупгупу фыкъытхуэк1уэжынущ. Уафэр зэ1уихынурэ куэбжэ хъунущ". (Нэбэ1: 18-19).





- Епщэгъуит1ым яку дэлъ уахътэр:





Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы хуэхъу, жи1ащ: "Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: "Епщэгъуит1ым яку пл1ыщ1 дэлъщ". Жа1ащ: "Уэ Абу Хурейрэ, махуэ пл1ыщ1?" Жи1ащ: "Сщ1экъым". Жа1ащ: "Мазэ пл1ыщ1?" Жи1ащ: "Сщ1экъым". Жа1ащ: "Илъэс пл1ыщ1?" Жи1ащ: "Сщ1экъым". Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[1].





- Сыхьэтыр къыщысынур:





1) Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы хуэхъу, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Бжьамийм епщэныр и пщэ зэрыдалъхьэрэ, абым епщэр Гьэршым и лъэныкъуэк1э маплъэр тешыныхьу епщэну унафэ къыхуащ1ынк1э и плъэныр щимыгъэтыж щ1ык1э, абым и нит1ыр нурыр къызпих вагъуит1ым хуэдэщ». Къэзы1уэтэжар Аль-Хьаким[2].





2) Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы хуэхъу, иджыри къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Махуэм я нэхъыф1 дыдэу дыгъэр къызщхьэщытэджар мерэм махуэращ, а махуэм 1эдэм къигъэхъуащ, а махуэм жэнэтми иригъэхьащ, а махуэми къыригъэк1ащ, Къемэт махуэри мерэм махуэращ къыщыхъунур». Муслим къи1уэтэжащ[3].











[1] Бухъари (4935), Муслим (2955).









[2] Сэхьихьщ, Аль-Хьаким (8676), еплъ «Ас-Сильсиля Ас-Сэхьихьэ» (1078).









[3] Муслим (854).









Recent Posts

মানবাধিকার প্রতিষ্ঠায় ...

মানবাধিকার প্রতিষ্ঠায় রাসূলুল্লাহ সাল্লাল্লাহু আলাইহি ওয়াসাল্লামের অবদান

জাবালে ‘আরাফা (জাবালে ...

জাবালে ‘আরাফা (জাবালে রহমত)

মুসলিম নারীর অবশ্য পা ...

মুসলিম নারীর অবশ্য পালনীয় কতিপয় আমল