Маф1эм хыхьахэм я псалъэхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жи1энущ: «Фяпэ ища жинхэмрэ ц1ыхухэмрэ зыхыхьа маф1эм фыхыхьэ!» Зы гуп щыхыхьэк1э, япэ ища езым хуэдэхэм нэлат ирахынущ. Псори абы щызэхуэсыжа иужь, иужьрейхэм жа1энущ япэрейхэм щхьэк1э: «Уэ ди Тхьэ! Мыхэращ дызыгъэгъуэщари, маф1эм и хьэзабыр т1уащ1эу къателъхьэ!» Езым къажри1энущ: «Дэтхэнэми я хьэзабыр т1уащ1эщ, ауэ фэ ар фщ1эркъым». Япэрейхэм жа1энущ иужьрейхэм жыра1эу: «Фэ дэ нэхърэ зык1и фынэхъыф1къым, фшэч фэри къэвлэжьа хьэзабыр». (Аль-1эгьраф: 38-39).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1анэ: «Ит1анэ Къемэт махуэм фи щ1ыбхэр зэхуэвгъэзэжынущи нэлат зэфхыжынущ, фи хэщ1ап1э хъунури маф1эращ, абы фыкъезыгъэлыни вгъуэтыжынукъым». (Аль-Гьэнкэбут: 25).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Нобэ зы к1уэдып1эм фыщ1эмылъэ1уу, к1уэдып1э куэдым фыщ1элъэ1у» (Аль-Фуркъан: 14).
Маф1эм и хьэзабхэм щыщхэм я теплъэхэр
1 – Джаурхэмрэ бзит1-щхьит1хэмрэ:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым ц1ыхухъу бзит1-щхьит1хэри, бзылъхугъэ бзит1-щхьит1хэри, джаурхэри жыхьэнэмэ маф1эк1э къигъэгугъащ игъащ1эк1э хэсынхэу. Ар яхурикъунущ ахэм! Алыхьым нэлат абыхэм ярихащ, гугъуехь мыухыжри къапэщылъщ». (Ат-Тобэ: 68).
2 – Ц1ыху иук1 мыхъуным и псэр хэзыхар мурад ищ1у:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ауэ му1миныр мурад ищ1у зыук1ым ипшыныжынущ жыхьэнэмэк1э, игъащ1эк1и абы хэсынущ. Алыхьым и ней къыщыхуэнущ, нэлат къырихынущ, хьэзабышхуэри хуигъэхьэзыращ». (Ан-Ниса1: 93).
2 – Гьэбдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Мугьахэд[40] зыук1ам жэнэтым и мэр къыщ1ихьэнукъым, абым и мэр илъэс пл1ыщ1 и жыжьагъэк1э зеубгъур». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[41].
3 – Зинэмрэ зинэ зыщ1ахэмрэ:
Сэмурэ бин Джундуб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, куэдрэ и сэхьабэхэм яупщ1у щытащ: «Зыгуэрым пщ1ыхьэп1э флъэгъуа?» - абым хэту – Зы махуэ гуэрым жи1ащ: «Ныджэбэ т1у къысхуэк1уащ, сырагъажьэри жа1ащ: «К1уэ» … Дык1уэурэ хьэкум ещхьу и щ1агъыр бгъуэуэ, и щхьэр зэву дынэсащ, абым гуо-к1ий макъ къи1ук1т». Жи1ащ: «Дыщиплъэм къэтлъагъуащ бзылъхугъэхэмрэ ц1ыхухъухэмрэ пц1анэхэу, ящ1агъымк1э маф1эр къак1эщ1оуэр, а маф1эр къащ1эуэмэ к1ийуэ щ1адзэр. Жи1ащ: «Сеупщ1ащ а т1ум: «Хэт мыхэр?» - абым хэту - … Жа1ащ: «А ц1ыхухъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ плъагъуахэр хьэкум ещхьым исахэр, ахэр зинэ зыщ1а бзылъхугъэхэмрэ ц1ыхухъухэмрэщ…». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[42].
4 – Риба[43] зышххэр:
Сэмурэ бин Джундуб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, и хьэдис ипэк1э къэк1уам хэту жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Ит1анэ дык1уащ лъыуэ псыежэх, абы и кум зы ц1ыху хэту, и 1уфэми зы ц1ыху щыту мывэ и1ыгъыу. Псыежэхым хэт ц1ыхур гъунэгъу къыщыхъук1э къыхэк1ыну пылъу, мывэ зы1ыгъыр мывэмк1э йоуэри и жьэм здэщытам егъэк1уэж. Апхуэдэурэ къыхэк1ыну пылъ къэс и жьэм мывэк1э йоуэри зэрыщытам хуэдэу мэк1уэж. Жыс1ащ: «Сыт мыр?» … Жи1ащ: «А псыежэхым хэту плъагъуар риба зышхтэращ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[44].
5 – Сурэтыщ1хэр:
1 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Сурэтыщ1у хъуам маф1эм сурэту ищ1ауэ хъуам псэ иратынущ, абым хьэзаб иригъэшэчынущ жыхьэнэмэм». Муслим къи1уэтэжащ[45].
2 – Гьа1ишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыщ1ыхьат сидежым си унэм и бжэм 1упхъуэ сурэтхэр зытещ1ыхьа ф1эздзауэ. Ар къыщилъагъум къыпихри и нэгум и теплъэм зихъуэжауэ жи1ащ: «Уэ Гьа1ишэ, Къемэт махуэм Алыхьым идеж нэхъ хьэзаб гуащ1э зытехуэнур Алыхьым къигъэхъуахэм ещхь зыщ1хэращ». Жи1ащ Гьа1ишэ: «Ит1анэ зэпыдупщ1ри щхьэнтэ е щхьэнтит1 къыхэтщ1ык1ыжащ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[46].
3 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Мы дунейм сурэт зыщ1ар ирагъэзынущ Къемэт махуэм абым псэ хилъхьэну, ауэ псэ хилъхьэфынукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[47].
6 – Ибэм и мылъкур зышхыр:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ибэм и мылъкур къуаншагъэк1э зышхым маф1эу и ныбэм ихьэнущ, маф1эшхуэми хыхьэнущ». (Ан-Ниса1: 10).
7 – Пц1ы зыупсхэр, гъибэ[48], нэмимэ[49] зыщ1хэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ауэ ар пц1ыуэ зыбжу гъуэщахэм ящыщмэ, зэрагъэхьэщ1энур псывэрэ маф1эрэщ». (Аль-Уакъигьэ: 92-94).
2 – Мугьаз бин Джэбэль, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, сыщ1ыгъуу гъуэгу дытету – абым хэту – Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и бегъымбар, жыт1эхэм щхьэк1э къыдэупщ1ыжыну ара?» Жи1ащ: «Уэ и анэм ф1эк1уэдын[50], ц1ыхухэр маф1эм щ1ыхадзэнур я нэгухэмк1э», - е жи1ащ: «я пэхэмк1э я бзэгухэм къыхуахьахэращ». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[51].
8 – Алыхьым къыригъэхар зыбзыщ1хэр:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Къыпэк1уэну уасэ мащ1эм дихьэхыу, Алыхьым къыригъэха Тхылъым щыщ зыбзыщ1хэм яшхыр я ныбэм маф1эу ихьэнущ. Къемэт махуэм абыхэм Алыхьыр япсэлъэнукъым, ахэр иухеинукъым, абыхэм хьэзаб гуащ1э къапоплъэ». (Аль-Бэкъэрэ: 174).
Маф1эм хыхьахэр зэрызэдауэнур:
Джаурхэм Алыхьым яхуигъэхьэзыра хьэзабыр щалъагъук1э, а гуауэр щызэхащ1эк1э, езыхэм я щхьэхэри, ф1ыуэ ялъыгъуу щытахэри, я ныбжьэгъуу щытахэри дунейм ялъагъу мыхъу хъунухэщ. Яку дэлъауэ щыта ф1ылъагъуныгъэм зэбииныгъэк1э зихъуэжынущ. Абдежым маф1эм хыхьахэр зыр зым едауэжу щ1адзэнущ, щ1ып1эу яубыдахэр зэрызэщхьэщык1ым щхьэк1и зэдэуэжынухэщ.
1 – Пщыл1хэр зыхуэпщыл1у щытахэм зэредауэр: «Абыхэм зэрышхыурэ жа1энущ: «Алыхьым и ц1эк1э до1уэ, дэ нахуэу дыгъуэщатэк1э дунейхэм я Тхьэм фыщыхуэдгъадэм. Дэ щ1эпхъаджэхэм дагъэгъуэщауэ арат». (Аш-Шугьэра1: 96-99).
2 – Къарууншэхэр зызгъэпагэ зиусхьэнхэм зэредауэр: «Ахэр жыхьэнэмэм щызэрышхынущ. Ц1ыху ц1ык1ум жа1энущ, тепщэу щытахэм жра1эу: «Дэ фэ дынывэда1уэу щытащ, иджы мы маф1эм щыщ т1эк1у тхьэщыфхыфыну?» Зызыгъэпагэу щытахэм жа1энущ: «Дэ псори абы дыхэтщ, Алыхьым ц1ыхухэм я унафэр ищ1ащ». (Гъафир: 47-48).
3 – Гъуэщэныгъэм и нэхъыщхьэхэм к1элъык1уахэр зэрадауэнур: «Абдежым абыхэм зэдауэу щ1адзэнущ. Абыхэм жа1энущ: «Фэ ижьымк1э фыкъытпэувырт». Абыхэм къыжра1эж: «Хьэуэ, фэ иман фи1эу щытакъым, дэри фэ къару фхуди1акъым, фэ жылэ мыда1уэу фыщытащ. Алыхьым и псалъэр пэжу къыщ1эк1ащ, дэ абы дыхэплъэнущ. Дэ фэ фыдгъэгъуэщащ, дэри дыгъуащэу щытащ. Ик1и а махуэм ахэм хьэзабыр зэдагуэшынущ». (Ас-Сафат: 27-33).
4 – Джаурымрэ и ныбжьэгъу шейт1анымрэ зэрызэдауэр: «И пэшэгъу шейт1аным жи1энущ: «Уэ ди Тхьэ, сэракъым ар зыгъэгъуэщар, езыр гъуэщагъыхэт 1ейуэ». Жи1энущ (Алыхьым): «Си пащхьэ фыщызэмыдауэ, Сэ вжес1агъыхэу щытат. Си псалъэм хъуэж и1экъым, пщыл1хэми сайкъуэншэк1къым». (Къаф: 27-29).
5 – 1уэхур нэхъри хьэлъэ мэхъур ц1ыхум и 1эпкълъэпкъым едауэжу щыщ1идзэк1э: «Алыхьым и бийхэр маф1эм щахуну махуэм къызэтрагъэувы1энущ. Абдежым абыхэм я тхьэк1умэри, я нэри, я щ1ыфэри щыхьэту къытеувэнущ ящ1эу щытахэмк1э. Ахэр я щ1ыфэхэм еупщ1ыжынущ: «Сыт щыхьэту фыкъыщ1ытпэувар?» Жэуапу къатынущ: «Алыхьу сытри къэзыгъэпсалъэм, фэри япэ фыкъэзыгъэщ1ам дыкъигъэпсэлъащ, фэри Абы и пащхьэ фохьэж». (Фусылэт:19-21).
Жыхьэнэмэм хыхьэнухэр Алыхьым елъэ1унущ зыгъэгъуэщахэр яригъэлъэгъуну, ахэм я хьэзабыр яхухигъэхъуэну:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэм жа1энущ: «Уэ ди Тхьэ, жинымрэ ц1ыхумрэ ящыщу дэ дызыгъэгъуэщахэр дыгъэлъагъу, дэ абыхэм датеувэнщи хэдутэнщ». (Фусылэт: 29).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Я нэк1ухэр зэрагъэдзэк1ыу маф1эм здыхэлъым абыхэм жа1энущ: «Уэ бетэмал, л1ык1уэм деда1уэу Алыхьым дыхуэжы1эщ1амэ аратэкъэ!» Ит1ани жа1энущ: «Уэ ди Тхьэ, ди зиусхьэнхэмрэ ди нэхъыжьхэмрэ деда1уэри дагъэгъуэщащ. Уэ ди Тхьэ, абыхэм хьэзаб т1уащ1эр ятелъхьи нэлат инри ях». (Аль-1эхьзаб: 66-68).
Иблис жыхьэнэмэм хыхьахэм яжри1энур:
Унафэр ящ1у 1уэхур зэф1эк1а иужь Иблис жыхьэнэмэм хыхьахэм япсэлъэнущ, абыхэм я гуауэр, зэрыщ1егъуэжахэр, я гукъеуэр нэхъри хигъэхъуэн папщ1э.
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «1уэхур зэф1эк1а нэужь , шейт1аным жи1энущ: «Алыхьым фыкъызэригъэгугъар пэжу къыщ1эк1ащ, сэри фыкъэзгъэгугъат, ауэ фыкъэзгъэпц1эжащ. Сэ фыхэзгъэзыхьыну къару си1акъым, сэ фыкъыхуезджа къудейти, фыкъызэувэл1ащ, иджы фыкъызэмышхыдэу фи щхьэ фыхуэшхыдэж. Сэ фэ сывдэ1эпыкъуфынукъым, фэри фыкъыздэ1эпыкъуфынукъым. Фэ гъусэ сыхуэфщ1у зэрыщытам си 1уэху хызохыж». Джаурхэм хьэзаб гуащ1эр къапэщылъщ». (Ибрахим: 22).
Маф1эр нэхъыбэ зэрыщ1элъэ1унур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм жыхьэнэмэм деупщ1ынущ: «Зыбгъэнщ1а уэ?» Жэуап къитынущ: «Къыщ1ывгъун щы1экъэ?» (Къаф: 30).
2 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жыхьэнэмэм зэпымычу хадзэнухэщ езым «Къыщ1эвгъун щы1экъэ?» - жи1эурэ, ит1анэ Тхьэм Лъэщым и лъакъуэр абы хигъэувэнущи, зэк1уэц1ыхьэнущи жи1энущ: «Ирокъур, ирокъур, уи Щ1ыхьымрэ уи Лъагагъэмрэк1э со1уэр!». Ат1э жэнэтым щ1ып1э лей и1энущ, Алыхьым абым щхьэк1э къигъэхъухэу а щ1ып1э лейхэм иригъэхьэхук1эрэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[52].
Жыхьэнэмэм ихьэнухэм я щытык1эхэр
- Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ди аятхэр зымыдахэр маф1эм едгъэсынущ, я фэхэр тежьык1ыху къэс фэщ1э къатедгъэк1эжурэ, хьэзабыр зыхащ1эн щхьэк1э. Алыхьыр Лъэщщ, 1ущщ!» (Ан-Ниса1: 56).
- Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Щ1эпхъаджэхэр къыхэк1 ямы1эу жыхьэнэмэм хэтынущ, абыхэм хуагъэпсынщ1энукъым, гугъап1эншэуи абым къыхэнэнухэщ. Абыхэм Дэ залымыгъэ ятхакъым, езыхэм зырахыжауэ аращ залымыгъэ». (Аз-Зухъруф: 74-76).
- Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Алыхьым джаурхэм нэлат ярихащ, жыхьэнэмэри къахуигъэплъащ, игъащ1эк1э абы хэтынухэщ. Абыхэм къезыгъэлыни къадэ1эпыкъуни ягъуэтыжынукъым. Я нэк1ухэр зэрагъэдзэк1ыу маф1эм щыхэт махуэм жа1энущ: «Уэ бетэмал, Алыхьым дыхуэжы1эщ1эу л1ык1уэм дедэ1уамэ аратэкъэ!» (Аль-1эхьзаб: 64-66).
- Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Иман къэзмыхьахэм жыхьэнэмэ маф1эр къапэщылъщ, ахэм я 1уэхур зэф1агъэк1ыу абдежым хэл1ыхьынукъым, ик1и я хьэзабыр хуагъэпсынщ1энукъым. Апхуэдэу джаурхэм ядогъэпшыныж». (Фат1ир: 36).
- Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Унэхъуахэр маф1эм хыхьэнущ, ик1и абы к1ийхэу, зэщыджэхэу игъащ1эк1э хэсынухэщ, уафэмрэ щ1ылъэмрэ щы1эху уи Тхьэр нэгъуэщ1 хуэмеймэ. Уи Тхьэм зыхуейр ещ1э». (Худ: 106-107).
- Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уи Тхьэм и ц1эк1э со1уэ, Дэ ахэри, шейт1анхэри зэхуэтхусыжынщи, жыхьэнэмэм лъэгуажэмыщхьэу къедгъэувэк1ынк1э! Ит1анэ дэтхэнэ гупми Дэ къыхэтшынщ нэхъ зызыгъэпагэу Гущ1эгъущ1ым емыдэ1уахэр. Ит1анэ Дэ нэхъыф1у дощ1эр абы исыпхъэхэр». (Мэрям: 68-70).
- Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Абыхэм жыхьэнэмэр къапоплъэр, щык1ахэм аращ я к1уап1эр, ахэр абы л1эщ1ыгъуэ куэдк1э хэсынущ. Абы салъкъыни зэфэни щагъуэтынукъым, псывэрэ уэтэпсрэ ф1эк1а, ар ящ1ам пэк1уэу аращ». (Ан-Нэбэ1: 21-26).
- Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Я Тхьэр зи ф1эщ мыхъуахэм жыхьэнэмэм и хьэзабыр къапэщылъщ. Ар хэщ1ап1э мыгъуэщ. Ахэр абы щыхадзэк1э, къыщыкъуалъэк1э зэрыгъуахъуэм и макъыр зэхахынущ. Ар губжьым къигъэчэным хуэдэщ. Зы гуп хадзэху к1элъыплъхэр къаупщ1ынущ: «Фэ къыфхуэк1уатэкъэ мыбы фыхуэзыгъэсакъын?» Жа1энущ: «Ае, дэ ущияк1уэ къытхуэк1уат, ауэ ахэр пц1ыупсу тлъытэри яжет1ащ: «Алыхьым зыри къыригъэхакъым, фэ икъук1э фыгъуэщауэ аращ». (Аль-Мульк: 6-9).
- Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Гуэныхьыщ1эхэр гъуэщащ, я акъылри зэк1уэк1ащ. А махуэм нэк1ук1э телъу маф1эм халъэфэнущ, феплъыт иджы жыхьэнэмэм и маф1эм». (Аль-Къэмэр: 47-48).
- Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьэуэ, ар хадзэнущ зэхэзыкъутэм, уэ сытым уигъэщ1эн зэхэзыкъутэр? Ар Алыхьым и маф1э зэщ1эгъэнаращ. Ар гухэм носыр. Ар абым щ1эубыдауэ щ1эсынущ, пкъом епхауэ». (Аль-Хумэзэ: 4-9).
- 1усамэ бин Зейд, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Къемэт махуэм къашэнущи зы л1ы маф1эм хадзэнущ, абы и к1эт1ийхэр маф1эм къыщик1ынущи шыдыр мывэшхуэ зэпхам хъурейуэ къызэрек1уэк1ым хуэдэу къек1уэк1ыу щытынущ. Маф1эм хыхьахэр щызэхуэсынущи абым идеж жа1ынущ: «Уэ мыпхуэдэ (и ц1эр жа1ынущ), сыт къыпщыщ1ар? Уэракъэ ф1ым дыкъыхуезыджэу мыхъуным дыхуэсакъыну къыджезы1этэр?» Жи1энущ: «Фэ ф1ым фыкъыхуезджэти сэ ар сщ1этэкъым, мыхъуным фыхуэсакъыну вжес1эт, ауэ сэ ар сщ1эт». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[53].
- Жыхьэнэмэм хыхьахэр зэрыгъымрэ зэрык1иймрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жа1эрт: «Фемыжьэ мы хуабэвэхым!» Яже1э: «Жыхьэнэмэ маф1эр нэхъ гуащ1эжщ», - ар ящ1эу щыттэмэ. Ирегуф1э т1эк1у, иужьк1э куэдрэ гъыжынхэщ, ящ1ам къахуихьауэ». (Ат-Тобэ: 81-82).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ахэр абы щытхьэджэнущ: «Уэ ди Тхьэ! Мыбы дыкъыхэгъэк1и ф1ы тщ1энущ ипэк1э тщ1ам хуэмыдэу!» Дэ фыдгъэпсэуакъэ зэхэзыщ1ык1ынум зэрызэхищ1ык1ын хуэдизрэ, ик1и ущияк1уи къыфхуэк1уатэкъэ? Феплъ иджы, залымыгъэ зыщ1ахэм дэ1эпыкъуэгъу я1энукъым». (Фат1ир: 37).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ахэр абы щык1ийуэ хэсынущ, зыри зэхамыхыжу». (Аль-1энбия1: 100).
4 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Ахэр зэщ1э1ул1ауэ щ1ып1э зэвым щыдадзэк1э, ягъэк1уэдыжыну щ1элъэ1унущ. Нобэ зы к1уэдып1эм фыщ1эмылъэ1уу, к1уэдып1э куэдым фыщ1элъэ1у». (Аль-Фуркъан: 13-14).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «А махуэм залымыгъэ зезыхьар и 1эпэм едзэгъужынущ жи1эурэ: «Бетэмал, л1ык1уэм и гъуэгум сытехьамэ аратэкъэ». (Аль-Фуркъан: 27).
6 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Апхуэдэу Алыхьым я лэжьыгъэхэр щаригъэлъагъужк1э гу1эжынухэщ, абыхэм маф1эм къыхэк1ыжи я1энукъым». (Аль-Бэкъэрэ: 167).
Жыхьэнэмэм ихьахэр зэрылъа1уэнухэр:
Жыхьэнэмэм ихьахэр абым хэту хьэзаб гуащ1эр щызэхащ1эк1э лъа1уэу, джэуэ щ1адзэнущ зыгуэр къадэ1эпыкъунк1э е жэуап къаритынк1э гугъэхэу. Апхуэдэу жэнэтым ихьахэм, маф1эм и хъумак1уэхэм, жыхьэнэмэм и щхьэтет Малик яджэнухэщ, я Тхьэми елъэ1унухэщ, ауэ я гуауэр нэхъри хэзыгъахъуэ ф1эк1а жэуап къыратынукъым. Иужьк1э гугъэр ягъэк1уэдынущи, к1ийуэ гуоуэ щ1адзэнущ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жыхьэнэмэм ихьахэр жэнэтым к1уахэм яджэнущ: «Кхъы1э, е псы, е Алыхьым къывита шхыным щыщ къытхуэфший». Жа1энущ: «Ахэр Алыхьым хьэрэм яхуищ1ащ джаурхэм». (Аль-1эгьраф: 50).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Маф1эм хыхьахэм жыхьэнэмэм и хъумак1уэхэм жра1энущ: «Фи Тхьэм фытхуелъэ1у ди хьэзабыр зы махуэ нэхъ мыхъуми тхуигъэпсынщ1эну». Жа1энущ: «Къэзыгъэпэжхэр я1ыгъыу фи л1ык1уэхэр къыфхуэк1уатэкъэ?» Жа1энущ: «Нт1э». Жа1энущ: «Ат1э фылъа1уэ». Ауэ джаурхэм я лъэ1ум зыри къырик1уэркъым!» (Гъафир: 49-50).
3 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр къэджэнущ: «Уэ Малик, уи Тхьэм ди псэр хырех!» Яжри1энущ: «Фызэрыщытым хуэдэу фыкъэнэнущ». Дэ фэ пэжыр къыфхуэтхьат, ауэ фи нэхъыбэм пэжыр ялъагъу хъуртэкъым». (Аз-Зухъруф: 77-78).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абыхэм жа1энущ: «Уэ ди Тхьэ! Ди насыпыншагъэр къыттек1уэри лъэпкъ гъуэща дыхъуащ. Уэ ди Тхьэ, мыбы дыхэшыжи, дызытетам дытехьэжмэ, мис ит1анэ дыкъуаншэщ». Жи1энущ: «Фызэрыщыту фыкъанэ абдежым, ик1и фыкъызэмыпсалъэ». (Аль-Му1минун: 106-108).
5 – Жыхьэнэмэм хыхьахэм гугъэ щамы1эжк1э абы къыхэк1ыжыну, ик1и ф1ыуэ хъуам я гугъэр щыхахыжк1э к1ийуэ гуоуэ щ1адзэнущ Алыхь Лъап1эм зэрыжи1ам хуэдэу: «Унэхъуахэр маф1эм хыхьэнущ, ик1и абы к1ийхэу, зэщыджэхэу игъащ1эк1э хэсынухэщ, уафэмрэ щ1ылъэмрэ щы1эху уи Тхьэр нэгъуэщ1 хуэмеймэ. Уи Тхьэм зыхуейр ещ1э». (Худ: 106-107).
Алыхьым дыщихъумэ Алыхьым и мыаразыныгъэм, и губжьым, и тезырым. Уэ ди Алыхь, жэнэт къыдэт… Маф1эм дыщыхъумэ… Уэращ ди Тепщэр… Тепщэхэм я нэхъыф1ыр… Дэ1эпыкъуэгъум я нэхъыф1ыр.
Жэнэтым ихьахэм жыхьэнэмэм к1уахэм я щ1ып1эхэр щ1эину къазэрылъысынур:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Псоми хэщ1ап1ит1 фи1эщ: зы хэщ1ап1эр жэнэтым, адрей хэщ1ап1эр жыхьэнэмэм. Зыгуэр л1эуэ жыхьэнэмэм ихьэмэ, абы и хэщ1ап1эр жэнэтым ихьахэм щ1эину къалъосыр. Аращ Алыхь Лъап1эм и псалъэхэр зытеухуар: «Ахэращ щ1эинхьыжхэр, Аль-Фирдэусыр щ1эину къызлъысу игъащ1эк1э абы щы1энухэр[54]». Ибн Маджэ къи1уэтэжащ[55].
Алыхь закъуэм хуэпщыл1у щыта мыхъумыщ1агъэ зыщ1ахэр жыхьэнэмэм къызэрыхэк1ыжынур:
1 – Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ щытащ: «Алыхьыр зыгъэзакъуэу щытахэм хьэзаб ирагъэшэчынущ маф1эм ф1амыщ1 хъуху, ит1анэ гущ1эгъуныгъэр къанэсынущи, къыхахыжынухэщи жэнэтым и бжэм щагъэт1ылъынущ». Жи1ащ: «Ит1анэ жэнэтым щы1эхэм абыхэм псы трак1энущи, псы уэрым къихьа жылэхэр къызэрык1ым хуэдэу къэк1ыжынухэщи жэнэтым ихьэнухэщ». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[56].
2 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Маф1эм къыхашыжынущ «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» жызы1эу зи гум гуэдз хьэдзэм хуэдиз ф1ы илъыр. Ит1анэ маф1эм къыхашыжынущ «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» жызы1эу зи гум хьэ хьэдзэм хуэдиз ф1ы илъыр. Ит1анэ маф1эм къыхашыжынущ «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» жызы1эу зи гум сабэм и 1ыхьэ нэхъ мащ1э дыдэм хуэдиз ф1ы илъыр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[57].
Маф1эм хыхьахэм я хьэзаб нэхъ гуащ1эр:
1 – Жэнэтым ихьахэм нэхъыф1 дыдэу я1эну ф1ыгъуэр му1минхэр зэрыгуф1эныращ я Тхьэ Лъап1эу Лъагэр щалъагъук1э, Ар арэзы къащыхуэхъук1э. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «А махуэм я нэгухэр нэф1эгуф1эу я Тхьэм еплъынущ». (Аль-Къиямэ: 22-23).
Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Алыхьым му1мин ц1ыхухъухэри му1мин бзылъхугъэхэри къигъэгугъащ псыхэр къызщ1эж жэнэтымк1э, игъащ1эк1э абы щы1энухэщ, ик1и жэнэт Гьэдным и псэуп1эф1хэмк1э. Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъыф1ыжщ, ар ехъул1эныгъэшхуэщ». (Ат-Тобэ: 72).
2 – Маф1эм хыхьахэм я хьэзаб нэхъ ин дыдэр ахэм я Тхьэ Лъап1эу Лъагэр ящыхъумауэ зэрамылъагъуращ. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ае, а махуэм ахэр Тхьэм пэ1эщ1э ящ1ынущ, ит1анэ жыхьэнэмэм хагъэсыхьынущ». (Аль-Мут1эфифин: 15-16).
Жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ ихьахэр абдежым игъащ1эк1э къызэрынэнухэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Унэхъуахэр маф1эм хыхьэнущ, ик1и абы к1ийхэу, зэщыджэхэу игъащ1эк1э хэсынухэщ, уафэмрэ щ1ылъэмрэ щы1эху уи Тхьэр нэгъуэщ1 хуэмеймэ. Уи Тхьэм зыхуейр ещ1э. Ехъул1ахэр жэнэтым къинэнухэщ игъащ1эк1э, уафэмрэ щ1ылъэмрэ щы1эху уи Тхьэр нэгъуэщ1 хуэмеймэ. Ар тыгъэ зэпымыущ». (Худ: 106-108).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэм щ1ым щы1эу хъуари абым хуэдиз иджыри щ1ыгъужу я1эрэ Къемэт махуэм и хьэзабым зыщахъумэн щхьэк1э ятыну хуежьэми, ар 1ахынукъым, абыхэм хьэзаб гуащ1эр къапэщылъщ. Ахэр маф1эм къыхэк1ыну хущ1экъунущ, ауэ къыхэк1 я1экъым. Абыхэм я хьэзабыр мыухыжщ». (Аль-Ма1идэ: 36-37).
3 – Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ щытащ: «Жэнэтым ихьэнухэр щихьэк1э, жыхьэнэмэм ихьэнухэри щихьэк1э, л1эныгъэр къахьынущи жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ якум деж щыф1абзынущ. Ит1анэ джак1уэр къэджэнущ: «Уэ жэнэтым ихьахэ, л1эныгъэ щы1эжкъым. Уэ жыхьэнэмэм ихьахэ, л1эныгъэ щы1эжкъым». Абдежым жэнэтым ихьахэм я гуф1эгъуэр нэхъри хэхъуэнущ, жыхьэнэмэм ихьахэми я гукъеуэр нэхъри хэхъуэнущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[58].
Жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ нэхъыбэу ихьэнухэр:
Ц1ыхухъухэр жэнэтым нэхъыбэнущ бзылъхугъэхэм нэхърэ, бзылъхугъэхэр жыхьэнэмэм нэхъыбэнущ ц1ыхухъухэм нэхърэ, хьурхэр[59] нэхъыбэщ жэнэтым ц1ыхухъухэм нэхърэ.
1 – Гьимран бин Хьусэйн, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым нэхъ мащ1э дыдэу щыпсэунухэр бзылъхугъэхэращ». Муслим къи1уэтэжащ[60].
2 – Гьимран бин Хьусэйн, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, иджыри къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым сыхэплъэри нэхъыбэу щыслъэгъуар факъырэхэращ. Жыхьэнэмэм сыхэплъэри нэхъыбэу щыслъэгъуар бзылъхугъэхэращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[61].
3 - Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Маф1эр сагъэлъэгъуащ, ик1и абы нэхъыбэ дыдэу хэтыр бзылъхугъэ зымыдэжхэращ». Жа1ащ: «Алыхьыр ямыдэжу ара?» Жи1ащ: «Щхьэгъусэр ядэжкъым, ф1ыуэ къазэрыхущытыр ядэжкъым, ахэм щыщ зым л1эщ1ыгъуэ псок1э ф1ыуэ ухущыту, зэ игу иримыхь гуэр къызэрыбдилъагъуу жи1энущ: «Игъащ1эк1э зыри ф1ыуэ къыббгъэдэк1акъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[62].
4 - Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Щ1ыб ик1ынухэкъым инк1и ц1ык1ук1и, убжьытхэнухэкъым, я пэри къыпыжынукъым, я щхьэмажьэхэр дыщэщ, я пщ1ант1эпсыр мискщ, я ф1амыщ1ыр пхъэ мэ гуак1уэ къызпихщ, я щхьэгъусэхэр хьур гьин[63], я теплъэк1э псори зым хуэдэнухэщ, я адэ Адам и теплъэм хуэдэу 1эфрак1э хыщ1 я лъагагъыу щытынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[64].
Жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ ухуэзышэр:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жыхьэнэмэм ухуэзышэр ф1эф1ыныгъэхэращ[65], жэнэтым ухуэзышэр гугъуехьыращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[66].
Жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ зэрыгъунэгъур:
Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ щытащ: «Жэнэтыр нэхъ фпэгъунэгъущ фи вакъэм и лъэпсым нэхърэ, жыхьэнэмэри апхуэдэщ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[67].
Жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ я мыарэзыныгъэмрэ Алыхьым абыхэм я унафэр зэрищ1амрэ:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жыхьэнэмэмрэ жэнэтымрэ мыарэзыуэ, жыхьэнэмэм жи1ащ: «Зызгъэпагэхэмрэ залымхэмрэ къыслъысар». Жэнэтым жи1ащ: «Сэ сыт ат1э си дежым къыщ1имыхьэр къарууншэрэ, ягъэц1ык1урэ, зыри зыхуэмылъэк1рэ ф1эк1а?» Алыхь Лъап1эм жэнэтым жри1ащ: «Уэ усигущ1эгъуныгъэщ, сызыхуейм си пщыл1хэм щыщу уэрк1э си гущ1эгъуныгъэр ялъызогъэ1эс». Ит1анэ жри1ащ маф1эм: «Уэращ си хьэзабыр, сызыхуейм си пщыл1хэм щыщу уэрк1э си хьэзабыр тызолъхьэ». А т1уми ик1и ярыз я1энущ…» Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[68].
Маф1эм зыщыпхъумэнымрэ жэнэтым ущ1элъэ1унымрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэм хуагъэхьэзыра маф1эм зыщыфхъумэ. Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ фыхуэжы1эщ1э, гущ1эгъу къыфхуищ1ынщ». (Алэ Гьимран: 131-132).
2 – Гьэдий бин Хьатим, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, маф1эм и гугъу щищ1ым и нэк1ум зэрыф1эмыф1ыр щыплъагъуу зыригъэзэк1ащ, ик1и Алыхьым щихъумэну елъэ1уащ. Ит1анэ маф1эм и гугъу иджыри ищ1ри и нэк1ум зэрыф1эмыф1ыр щыплъагъуу зыригъэзэк1ащ, ик1и Алыхьым щихъумэну елъэ1уащ. Ит1анэ жи1ащ: «Маф1эм зыщыфхъумэ чыц1ыбжьэ ныкъуэк1э нэхъ мыхъуми, ар зымыгъуэтым псалъэ дахэк1э». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[69].
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым ихьэнущ 1умэту хъуар зымыдахэм мыхъумэ». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, хэт зымыдар?» Жи1ащ: «Сэ жыс1ам тетар жэнэтым к1уэнущ, сэ жыс1ам ф1эк1ар зымыдаращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[70].
Уэ Алыхь Лъап1э, дынолъэ1ур жэнэтыр, абым пэгъунэгъу дызыщ1ын псалъэхэри лэжьыгьэхэри къыдэптыну. Дынолъэ1ур маф1эми, абы пэгъунэгъу дызыщ1ын псалъэхэми, лэжьыгъэхэми дыщыпхъумэну.