Жыхьэнэмэм и теплъэр
Жыхьэнэмэр: ар хьэзабым и хэщ1ап1эщ, Алыхьым ар джаурхэм, бзит1-щхьит1хэм, мыхъун зыщ1эхэм къахуигъэхьэзыращ Ахърэтым.
Алыхьым жи1эмэ, мыбдежым и гугъу тщ1ынущ к1уэдып1эм и маф1эмрэ абы хьэзаб зэмыл1эужьыгъуэу щы1эмрэ, абым дыщышынэу маф1эм зыщытхъумэным папщ1э. Ехъул1эныгъэр жэнэтыращ зыхэлъыр, маф1эм укъелыныращ иманымрэ 1уэхуф1хэмрэк1э, ширкымрэ мыхъунхэмрэ пэжыжьэ зыпщ1ыныращ. Алыхьым долъэ1ур дыригъэхъул1эну жэнэтк1э ик1и маф1эм дыкъыригъэлыну. Маф1эм теухуа псалъэхэр къитхынущ Къур1эн Лъап1эмрэ Суннэ пэжымрэ.
Маф1эм и ц1э нэхь зыщыгъуазэхэр:
Маф1эр зыщ и щытык1эк1э, ауэ и теплъэхэр зэщхьэщок1ыр. Абы и ц1э нэхъ зыщыгъуазэхэр мыхэращ:
1 – Ан-Нар[1]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ емыда1уэхэу, Абы и гъунапкъэхэм ебакъуэр жыхьэнэмэм хишэнурэ, абым игъащ1эк1э щы1энущ, ар зыгъэпуд хьэзабщ». (Ан-Ниса1: 14).
2 – Жыхьэнэм: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым бзит1-щхьит1хэри джаурхэри жыхьэнэмэм щиугъуеижынухэщ псори». (Ан-Ниса1: 140).
3 – Аль-Джэхьим[2]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзмыхьауэ Ди аятхэр пц1ыуэ зыбжахэр жыхьэнэмэм щы1энухэщ». (Аль-Ма1идэ: 10).
4 – Ас-Сэгьир[3]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым джаурхэм нэлат ярихащ, жыхьэнэмэри яхуигъэхьэзыращ». (Аль-1эхьзаб: 64).
5 - Сэкъэр[4]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм нэк1ук1э телъу маф1эм халъэфэнущ, феплъыт иджы жыхьэнэмэм и маф1эм». (Аль-Къэмэр: 48).
6 - Аль-Хьут1эмэ[5]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьэуэ, ар хадзэнущ зэхэзыкъутэм, уэ сытым уигъэщ1эн зэхэзыкъутэр? Ар Алыхьым и маф1э зэщ1эгъэнаращ». (Аль-Хумэзэ: 4-6).
7 – Лэза[6]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьэуэ, ар маф1эщ. Фэр трисык1ыу, абы хелъафэр зи щ1ыб къэзыгъэзэу зымыдар». (Аль-Мэгьаридж: 15-17).
8 – Дар аль-бэуар[7]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уэ плъагъуркъэ Алыхьым и ф1ыгъуэр джаурыгъэк1э зыхъуэжу зи лъэпкъыр к1уэдып1эм изышахэр? Мис а жыхьэнэмэуэ ахэр здынэсынур. Ар хьэщ1ап1э 1ейщ». (Ибрахим: 28-29).
Маф1эм и щ1ып1эр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьэуэ, гуэныхьыщ1эхэм я тхылъыр Сиджиным[8] щы1эщ». (Аль-Мут1эфифин: 7).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «…Ауэ джаурым и псэр щыхахк1э, щ1ым и бжэм идеж яхьыр, щ1ым и хъумак1уэм же1эр: «Мы мэм нэхъ 1ей къытщ1ихьакъым». Ит1анэ ар щ1ы нэхъ лъахъшэ дыдэм нэс ирахьэхыр». Аль-Хьакимрэ Ибн Хьибанрэ къа1уэтэжащ[9].
Маф1эм игъащ1эк1э къызэрыхэнэнухэр:
Джаурхэр, мушрикхэр, бзит1-щхьит1хэр игъащ1эк1э маф1эм къыхэнэнухэщ, ауэ Алыхьыр зыгъэзакъуэу гуэныхь зыщ1ахэр Алыхь Лъап1эу Лъагэм и унафэм щ1этхэщ, хуеймэ яхуигъэгъунущ, хуеймэ я гуэныхьхэм къызэрихьым хуэдизк1э хьэзаб ятрилъхьэнущ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым ц1ыхухъу бзит1-щхьит1хэри, бзылъхугъэ бзит1-щхьт1хэри, джаурхэри жыхьэнэмэ маф1эмк1э къигъэгугъащ, игъащ1эк1э абым къыхэнэнухэщ. Ар абыхэм яхурикъунущ. Алыхьым нэлат ярихащ абыхэм, хьэзаб мыухыжри къапэщылъщ». (Ат-Тобэ: 68).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Алыхьым игъэгъуркъым гъусэ хуэпщ1ыныр, ауэ абы нэхъ мащ1эр зыхуейм хуегъэгъу». (Ан-Ниса1: 48).
Маф1эм хыхьэнухэм я нэгухэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхь Лъап1эм пц1ы тезылъхьэу щытахэр Къемэт махуэм плъагъунущ я напэхэр уф1ыц1ауэ. Жыхьэнэмэракъэ зызыгъэпагэхэм я хэщ1ап1эр?» (Аз-Зумэр: 60).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «А махуэм напэхэр сабэ трихьауэ игъэуф1ыц1ауэ щытынущ, ахэращ джаур мыхъумыщ1эхэр». (Гьэбэсэ: 40- 42).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Нэгухэр а махуэм уфауэ щытынущ, бэлыхьу къытрагъэхуэнум егупсысхэу». (Аль-Къиямэ: 24-25).
4 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «А махуэм зыкъомыр гъэпудауэ, лэжьахэрэ ешахэу маф1э гуащ1эм хыхьэнущ». (Аль-Гъашие: 2-4).
5 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Абыхэм я нэгухэр маф1эм къилыпщ1ынущ, зэхэуфахэу абым хэтынущ». (Аль-Му1минун: 104).
Жыхьэнэмэм и бжэхэм и бжыгъэр:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм псоми жыхьэнэмэр я п1алъэщ, абы бжибл хэлъщ, бжэ къэс гуп гуэрым хуэгъэхьэзыращ». (Аль-Хьиджр: 43-44).
Жыхьэнэмэм и бжэхэр зэхуащ1ыр ихьэнухэр ихьа иужь:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр абы иубыдауэ щытынущ, пкъохэм епхауэ». (Аль-Хумэзэ: 8-9).
Жыхьэнэмэр къызэрык1уэнур Къемэт махуэм и зэхуэсып1эм:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Гъуэщахэм жыхьэнэмэр ирагъэлъэгъуащ». (Аш-Шугьэра1: 91).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Хьэуэ, щ1ыр щыкъуей щыхъужк1э, уи Тхьэри мэлэ1ыч зэбгъурытхэри къыщык1уэк1э, жыхьэнэмэри къыщашэк1э, а махуэм ц1ыхум игу къэк1ыжынущ, ауэ сыт иджы игу къэк1ыжк1э?» (Аль-Фэджр: 21-23).
3 – Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Жыхьэнэмэр къашэнущ а махуэм шхуэуэ мин блыщ1 телъу, шхуэ къэс мэлэ1ыч мин блыщ1ым я1ыгъыу къашэу». Муслим къи1уэтэжащ[10].
Жыхьэнэмэм хэхьэнухэмрэ япэрейуэ лъэмыжым ирик1уэнумрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фэ фщыщу зыри къэнэнукъым абым ирамышэл1эн, ар уи Тхьэм иуха 1уэхущ. Ит1анэ Тхьэм ф1эл1ык1ыу щытахэр къедгъэлынущи, залымыгъэ зезыхьахэр лъэгуажэмыщхьэу къыхэднэнущ». (Мэрям: 71-72).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, ц1ыху гуэрэхэм жа1ауэ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ди Тхьэр тлъагъуну Къемэт махуэм?» … - абым хэту жи1ащ – Жи1ащ: «Лъэмыжыр жыхьэнэмэм и 1уфит1ым тралъхьэнущи сэрэ си 1умэтымрэ абым япэ дыдэу дырик1уэнущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[11].
Жыхьэнэмэм и кууагъыр:
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, игъусэу дыщысу зэхэтхащ зыгуэр зэрек1урэхам и макъ. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ, зылъысын жи1ащ: «Фщ1эрэ ар зыщыщыр?» Жыт1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ нэхъыф1у ящ1эр». Жи1ащ: «Ар бжьыхьэ блыщ1к1э узэ1эбэк1ыжмэ маф1эм хадза мывэщ, иджы жыхьэнэмэм и щ1эм нэсауэ аращ». Муслим къи1уэтэжащ[12].
2 – Сэмурэ бин Джундуб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, зэхихащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Ахэм яхэтщ маф1эр зи лъапщхьэм къэсынухэр, яхэтщ маф1эр зи бгым къэсынухэр, яхэтщ маф1эр зи пщэм нэс къэсынухэр». Муслим къи1уэтэжащ[13].
Маф1эм хыхьэнухэм я 1эпкълъэпкъыр ин дыдэу зэрыщытынур[14]:
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ щытащ: «Джаурым и дзэлыщхьэр е и дзэпкъыр 1ухьуд бгым хуэдэу щытынущ, и фэм и 1увагъыр щым хуэдэнущ». Муслим къи1уэтэжащ[15].
2 - Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ иджыри, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жыхьэнэмэм джаурым и дамит1ым яку дэлъынущ махуищк1э шу псынщ1эм ик1у гъуэгум хуэдиз». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[16].
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, ит1ани къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Къемэт махуэм джаурым и дзэлыщхьэм и инагъыр 1ухьудым хуэдэнущ, и фэм 1эфрак1э блыщ1 и бгъуагъыу щытынущ, и 1эблэр Аль-Бэйда1[17] хуэдэу щытынущ, и лъапщхьэр Уэрикъан[18] хуэдэнущ, щ1ып1эу маф1эм иубыдынур мыбдежым щегъэжьауэ Ар-Рэбэзэ[19] нэс дэлъым хуэдизщ». Ахьмэдрэ Аль-Хьакимрэ къа1уэтэжащ[20].
Жыхьэнэмэм и маф1эм и къарур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Къемэт махуэм ахэр нэк1ук1э телъхэу зэхуэтлъэфэсыжынущ нэфхэу, дэгухэу, бзагуэхэу. Абыхэм я хэщ1ап1эр жыхьэнэмэращ: ар щыужьыхк1э зэщ1ыдогъэстыж. Аращ яхуэфащэр Ди аятхэр зи ф1эщ мыхъуахэм». (Аль-1исра1: 97-98).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Фэ ц1ыхухэм маф1эу зэщ1эвгъэстыр жыхьэнэмэ маф1эм и 1ыхьэ еблыщ1анэщ». Жа1ащ: «Уэлэхьи, ари ирикъунутэмэ, уэ Алыхьым и л1ык1уэ». Жи1ащ: «Ат1э ар (жыхьэнэмэр) хыщ1рэ бгъурэк1э нэхъ инщ, ик1и а 1ыхьэ псоми абы и къару и1эщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[21].
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Маф1эр и Тхьэм хуэтхьэусыхэри жи1ащ: «Уэ си Тхьэ, си 1ыхьэхэм зым зыр яшхыж». Ит1анэ абы хуидащ т1оней жьы къишэну, зы къэшэгъуэр щ1ымахуэм, адрей къэшэгъуэр гъэмахуэм. Аращи, нэхъ хуабэ дыдэу ик1и нэхъ щ1ы1э дыдэу фызхуэзэр аращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[22].
Маф1эм гъэсын хуэхъунур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уэ иман къэзыхьахэ, фи щхьэхэри, фи 1ыхьлыхэри щыфхъумэ ц1ыхумрэ мывэмрэ зи гъэсын маф1эм. Абым к1элъоплъыр мэлэ1ыч лъэщу пхъашэхэр. Ахэр Алыхьым и унафэм ебакъуэкъым, унафэ къыхуащ1ыр ягъэзащ1эр». (Ат-Тэхьрим: 6).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Мывэхэри ц1ыхухэри гъэсын зыхуэхъуну маф1эм зыщыфхъумэ, ар зыхуагъэплъар джаурхэращ». (Аль-Бэкъэрэ: 24).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Фэри, Алыхьыр къэвгъэнауэ фызыхуэпщыл1хэри жыхьэнэмэм пхъэ гъэсыну фихьэнущ». (Аль-1энбия1: 98).
Жыхьэнэмэр зэрех увып1эхэр:
Маф1эр зыр зым нэхърэ нэхъ лъахъшэ увып1эхэу йохыр, бзит1-щхьит1хэр и лъащ1э дыдэм щы1энухэщ, я джаурыгъэр зэрынэхъ 1ейм щхьэк1э, му1минхэм залымыгъэ ирагъэхыу зэрыщытам щхьэк1э. Абым теухуауэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Бзит1-щхьит1хэр маф1эм и лъащ1э дыдэм щы1энухэщ, ик1и дэ1эпыкъуэгъуи къахуэбгъуэтыфынукъым ахэм». (Ан-Ниса1: 145).
Маф1эм и жьауэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Сэмэгумк1э щы1эхэр, - уэ пщ1эрэ сэмэгумк1э щы1эхэр? Ахэр жьы пщтырымрэ псывэмрэ хэсынущ, 1угъуэ ф1ыц1эм и жьауэм щ1эсхэу». (Аль-Уакъигьэ: 41-43).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Абыхэм хьэщпакъ маф1эхэр къащхьэщытынущ, ящ1агъыми щ1элъынущ, апхуэдэу Алыхьым и пщыл1хэр егъэшынэр: «Уэ си пщыл1хэ, фыкъысф1эл1ык1». (Аз-Зумэр: 16).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Зевгъэхь иджы щыуэ зэхэк1 жьауэм, абы жьауэ идзкъым, маф1эбзийми ущихъумэкъым». (Аль-Мурсэлят: 30-31).
Маф1эм и хъумак1уэхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Сэ ар жыхьэнэмэ маф1эм щызгъэсынщ. Уэ сытым уигъэщ1эн а жыхьэнэмэ маф1эр? Зыри къелынукъым абы, ар щ1ыфэр тезысык1щ, абы (мэлэ1ыч) пщык1убгъу щхьэщытщ. Дэ маф1эм тет хуэтщ1ар мэлэ1ычхэращ, я бжыгъэри джаурхэр зэрыдгъэунэхун тщ1ащ». (Аль-Мудэсир: 26-31).
2 – Малик жыхьэнэмэм и хъумак1уэщ, Алыхь Лъап1эм зэрыжи1ам тету: «Ахэр къэджэнущ: «Уэ Малик, уи Тхьэм ди псэр хырех!» Яжри1энущ: «Фызэрыщытым хуэдэу фыкъэнэнущ». (Аз-Зухъруф: 77).
Маф1эм и гупыр:
Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхь Лъап1эм жи1энущ: «Уэ Адам». Жи1энущ: «Сыкъода1уэр, ф1ыр зэуэ Уи 1ит1ыращ зы1эщ1элъыр!». Жи1энущ: «Маф1эм и гупыр къыхэш». Жи1энущ: «Сыт маф1эм и гупыр?» Жи1энущ (Алыхьым): «Мин къэс щибгъурэ бгъущ1рэ бгъурэ». Абдежым ц1ык1ухэм я щхьэцыр тхъунущ: «Уэндэгъум щинынущ, ц1ыхухэр чэфу къыпщыхъунущ, ауэ ахэр чэфкъым, Алыхьым и хьэзабыр гуащ1эщи аращ»[23].
Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, хэт дэ тщыщу а зы закъуэр?» Жи1ащ: «Фыгуф1э, фэ фщыщу зы, Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ щыщу мин (хашынущ)». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[24].
Маф1эм хыхьэнухэр зэрыхыхьэнур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэр гупурэ жыхьэнэмэм ирахул1энущ, ахэр щынэск1э, хъумак1уэхэм жыхьэнэмэбжэхэр зэ1уахынурэ къыжра1энущ: «Фэ фщыщу л1ык1уэхэр къыфхуэк1уатэкъэ, фи Тхьэм и аятхэм къыфхуеджэу нобэ фызыхуэзам фыхуагъэсакъыу?» Жэуап иратыжынущ: «Пэж мыгъуэщ!» Ауэ Алыхьым и хьэзабыр джаурхэм къатепсыхэнущ. Абыхэм къыжра1энущ: «Жыхьэнэмэм игъащ1эк1э фыщы1эну фихьэ!» Ар зызгъэпагэхэм я хэщ1ап1э мыгъуэщ». (Аз-Зумар: 71-72).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Гуэныхьыщ1эхэр я теплъэк1э къац1ыхунурэ я 1эхэмрэ я лъакъуэхэмк1э яубыдынущ». (Ар-Рэхьман: 41).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Къемэт махуэр пц1ыуэ зылъытахэм жыхьэнэмэр яхуэдгъэплъащ. Ахэр (жыхьэнэмэм) жыжьэу къыщилъагъук1э, зэхахынущ ар къызэрыкъуалъэмрэ и макъымрэ. Ахэр зэщ1э1ул1ауэ щ1ып1э зэвым щыдадзэк1э, ягъэк1уэдыжыну щ1элъэ1унущ. Нобэ зы к1уэдып1эм фыщ1эмылъэ1уу, к1уэдып1э куэдым фыщ1элъэ1у» (Аль-Фуркъан: 11-14).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Хьэуэ, ар хадзэнущ зэхэзыкъутэм, уэ сытым уигъэщ1эн зэхэзыкъутэр? Ар Алыхьым и маф1э зэщ1эгъэнаращ». (Аль-Хумэзэ: 4-6).
5 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «А махуэм е1унщ1ынурэ ахэр жыхьэнэмэ маф1эм хадзэнущ: «Ар фэ пц1ыуэ къэфлъыта маф1эращ». (Ат1-Т1ур: 13-14).
6 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «А махуэм плъагъунущ щ1эпхъаджэхэр 1эхъулъэхъук1э зэщ1э1ул1ауэ. Щыгъыну ящыгъри мэзышщ, я нэк1уми лыгъэр щ1энауэ щытынущ». (Ибрахим: 49-50).
7 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Къемэт махуэм маф1эм къыхэк1ынущ пщэ нит1 и1эу илъагъуу, тхьэк1умит1 и1эу зэхихыу, бзэгу и1эу жи1эу: «Сэ унафэ къысхуащ1ащ щык1э: щхьэзыф1эф1 лъэщу хъуар, Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэхэм елъэ1уахэр, сурэтыщ1хэр». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[25].
Япэрейуэ маф1эр зэрызэщ1агъэстынур:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын жи1эу: «Япэрейуэ Къемэт махуэм зи унафэр ящ1энур ц1ыхухэм щыщу Алыхьым и ц1эк1э яук1а л1ыщ. Ар къашэнущи, ф1ыгъуэу хуищ1ахэр иригъэлъагъужынущи зэрыпэжыр жи1энущ. Жи1энущ (Алыхьым): «Ат1э а ф1ыгъуэхэм щхьэк1э сыт пщ1ар?» Жи1энущ: «Уи ц1эк1э сызэуащ саук1ыху». Жи1энущ: «Пц1ыщ, ущ1эзэуар «Хахуэщ», - жа1эн щхьэк1эт, ик1и жа1ащ». Ит1анэ абым щхьэк1э унафэ ящ1ынущи и нэгук1э ялъэфынурэ маф1эм хадзэнущ.
Ит1анэ щ1эныгъэ зэзыгъэгъуэту езыгъэджа, Къур1эн еджэу щыта л1ыр. Ар къашэнущи, ф1ыгъуэу хуищ1ахэр иригъэлъагъужынущи зэрыпэжыр жи1энущ. Жи1энущ (Алыхьым): «Ат1э а ф1ыгъуэхэм щхьэк1э сыт пщ1ар?» Жи1энущ: «Щ1эныгъэ зэзгъэгъуэтри езгъэджащ, Уи ц1эк1э Къур1эн седжащ». Жи1энущ: «Пц1ыщ, щ1эныгъэ зэбгъэгъуэтащ «Еджагъэшхуэ», - жа1эн щхьэк1э, Къур1эни уеджащ «Еджак1уэшхуэщ», - жа1эн щхьэк1э, ик1и жа1ащ». Ит1анэ абым щхьэк1э унафэ ящ1ынущи и нэгук1э ялъэфынурэ маф1эм хадзэнущ.
Ит1анэ Алыхьым зыхуигъэбэгъуа, мылъкуу щы1эу хъуам щыщ зырита л1ыр. Ар къашэнущи, ф1ыгъуэу хуищ1ахэр иригъэлъагъужынущи зэрыпэжыр жи1энущ. Жи1энущ (Алыхьым): «Ат1э а ф1ыгъуэхэм щхьэк1э сыт пщ1ар?» Жи1энущ: «Уэ ф1ыуэ плъагъуу зы 1уэху къэзгъэнакъым Уи ц1эк1э тезмыгъэк1уэдауэ (мылъку)». Жи1энущ: «Пц1ыщ, ар щ1эпщ1ар «Хьэлэлщ», - жа1эн щхьэк1эт, ик1и жа1ащ». Ит1анэ абым щхьэк1э унафэ ящ1ынущи и нэгук1э ялъэфынурэ маф1эм хадзэнущ». Муслим къи1уэтэжащ[26].
Маф1эм хыхьэнухэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэу Си аятхэр пц1ыуэ зыбжхэр жыхьэнэмэм хыхьэнущ, абым игъащ1эк1э къыхэнэнущ». (Аль-Бэкъэрэ: 39).
2 – Гьияд бин Хьимар, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «…Маф1эм хыхьэнухэр тху мэхъу: къарууншэ пщ1эи акъыли зимы1эр, зыгуэрым к1элъык1уэу щхьэгъуси, мылъкуи лъымыхъуэр; епц1ыжак1уэ зыгуэрым хущ1экъуурэ ар игъуэтмэ епц1ыжыр; уи 1ыхьлыхэмрэ уи мылъкумрэ игъэк1уэдыну пымылъу нэху къызтемыщэ е жэщ къызтемыхъуэ л1ыр» - ит1анэ и гугъу ищ1ащ нэпсеиным е пц1ыупсыным- «1эдэбыншэ гуэныхьыщ1эр». Муслим къи1уэтэжащ[27].
Нэхъыбэ дыдэу маф1эм хыхьэнухэр:
Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Маф1эр сагъэлъэгъуащ, ик1и абы нэхъыбэ дыдэу хэтыр бзылъхугъэ зымыдэжхэращ». Жа1ащ: «Алыхьыр ямыдэжу ара?» Жи1ащ: «Щхьэгъусэр ядэжкъым, ф1ыуэ къазэрыхущытыр ядэжкъым, ахэм щыщ зым л1эщ1ыгъуэ псок1э ф1ыуэ ухущыту, зэ игу иримыхь гуэр къызэрыбдилъагъуу жи1энущ: «Игъащ1эк1э зыри ф1ыуэ къыббгъэдэк1акъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[28].
Маф1эм хыхьэнухэм щыщу нэхъ хьэзаб 1ейр зытелъынур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хэвдзэхэ т1уми жыхьэнэмэм дэтхэнэ джаур инатри, ф1ым пэувыр, мыхъуныр зыщ1эр, шэч къытезыхьэр, Алыхьым гъусэ хуэзыщ1у щытар. Хэвдзэ т1уми ар хьэзаб гуащ1эм». (Къаф: 24-26).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Фиргьэунымрэ и лъэпкъымрэ хьэзаб гуащ1эр къатехуащ, пщэдджыжьи пщыхьэщхьи маф1эм пэщ1агъэувэнущ, Къемэт махуэм хэфшэ Фиргьэуным и лъэпкъыр нэхъри нэхъ гуащ1э хьэзабым». (Гъафир: 45-46).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Джаурхэмрэ Алыхьым и гъуэгум ц1ыхухэр тезмыгъыхьэу щытахэмрэ я хьэзабым игущ1ы1ужк1э иджыри хьэзаб ятетлъхьэнущ зэрагъэк1уэк1ауэ щытам щхьэк1э». (Ан-Нэхьл: 88).
4 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Бзит1-щхьит1хэр маф1эм и лъащ1э дыдэм щы1энухэщ, ик1и дэ1эпыкъуэгъуи къахуэбгъуэтыфынукъым ахэм». (Ан-Ниса1: 145).
5 - Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Уи Тхьэм и ц1эк1э со1уэ, Дэ ахэри, шейт1анхэри зэхуэтхусыжынщи, жыхьэнэмэм лъэгуажэмыщхьэу къедгъэувэк1ынк1э! Ит1анэ дэтхэнэ гупми Дэ къыхэтшынщ нэхъ зызыгъэпагэу Гущ1эгъущ1ым емыдэ1уахэр. Ит1анэ Дэ нэхъыф1у дощ1эр абы исыпхъэхэр». (Мэрям: 68-70).
6 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Къемэт махуэм маф1эм къыхэк1ынущ пщэ нит1 и1эу илъагъуу, тхьэк1умит1 и1эу зэхихыу, бзэгу и1эу жи1эу: «Сэ унафэ къысхуащ1ащ щык1э: щхьэзыф1эф1 лъэщу хъуар, Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэхэм елъэ1уахэр, сурэтыщ1хэр». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[29].
7 – Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Сурэт зыщ1хэм Къемэт махуэм я хьэзабыр нэхъ гуащ1э дыдэу щытынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[30].
8 – Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Хьэзаб нэхъ гуащ1эр Къемэт махуэм къытехуэнущ бегъымбарым иук1а л1ым, е бегъымбар зыук1а л1ым, гъуэщэныгъэм и имамым, сурэтхэр зыщ1хэм щыщ сурэтыщ1ыр». Ахьмэдрэ Ат1-Т1эбэранирэ къа1уэтэжащ[31].
Маф1эм хыхьэнухэм щыщу зи хьэзабыр нэхъ псынщ1эр:
1 – Ан-Нугьман бин Бэшир, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Къемэт махуэм нэхъ хьэзаб псынщ1э зытелъынур зи лъэгухэм ф1амыщ1 плъар щ1алъхьа л1ым, абы и щхьэкуц1ыр къигъавэу маф1эм тет шыуаныр къызэрывэм хуэдэу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[32].
2 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Маф1эм хыхьахэм щыщу нэхъ хьэзаб псынщ1э зытелъыр Абу Т1алибщ, абым къыщат1эгъащ вакъит1, и щхьэкуц1ыр абыхэм щхьэк1э къавэу». Муслим къи1уэтэжащ[33].
3 – Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ зэхихауэ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, щысу Абу Т1алиб и гугъу щащ1ым жи1ауэ: «Сыкъызэрыщхьэщыжыр къыщхьэпэмэ абы Къемэт махуэм маф1эм и нэхъ мащ1эм хагъэхьэнущ, и лъапщхьэм къэсу, и щхьэкуц1ыр къигъавэу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[34].
Хьэзаб нэхъ псынщ1эр зытелъхэм щхьэк1э жа1ынур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэм щ1ым щы1эу хъуари абым хуэдиз иджыри щ1ыгъужу я1эрэ Къемэт махуэм и хьэзабым зыщахъумэн щхьэк1э ятыну хуежьэми, ар 1ахынукъым, абыхэм хьэзаб гуащ1эр къапэщылъщ». (Аль-Ма1идэ: 36).
2 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхь Лъап1эр яупщ1ынущ Къемэт махуэм маф1эм к1уахэм щыщу нэхъ хьэзаб псынщ1э зытелъым: «Щ1ым щы1эу хъуар уи1этэмэ птынтэкъэ?» Жи1энущ: «Нт1э». Жи1энущ: «Абым нэхърэ нэхъ псынщ1эт сызыхуеяр Адам и тхыц1эм ущыхэтам: гъусэ къысхуомыщ1ыну зыри, ауэ гъусэ къысхуэпщ1ын ф1эк1а бдакъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[35].
Жыхьэнэмэм и 1эхъулъэхъухэмрэ и церпхэмрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Джаурхэм къахуэдгъэхьэзыращ церпхэр, 1эхъулъэхъухэр, маф1эр». (Аль-1инсан: 4).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ди Тхылъымрэ Ди л1ык1уэхэм къахуедгъэхамрэ пц1ыуэ зылъытахэм къащ1энщ 1эхъулъэхъухэмрэ церпхэмрэ я пщэхэм илъу щыхалъафэк1э псывэм, ит1анэ маф1эм щырагъэск1э». (Гъафир: 70-72).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Дэ ди1эщ 1эхъулъэхъухэри, маф1эри, шхын егъэхыгъуейри, хьэзаб гуащ1эри». (Аль-Музэмиль: 12-13).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Фубыди фпхы ар. Жыхьэнэмэ маф1эм хэвдзэ, ит1анэ1эфрак1э блыщ1 зи к1ыхьагъ церпыр к1уэц1ырыфлъэф. Абы и ф1эщ хъуртэкъым Алыхь щэджащэр. Тхьэмыщк1э ягъэшхэнуи къыхураджэртэкъым». (Аль-Хьакъэ: 30-34).
Маф1эм хыхьахэм я шхыныр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зэкъум[36] жыгыр гуэныхьыщ1эхэм я шхынщ. Ар гъуаплъэ тк1уам хуэдэу ныбэм къыщокъуалъэр». (Ад-Духъан: 43-46).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Мы тхъап1эра нэхъыф1ыр, хьэмэрэ зэкъумк1э зэджэ жыгыра? Ар залымыгъэ зыщ1ахэр иридгъэунэхуну къэдгъэщ1ащ. Ар жыхьэнэмэ лъабжьэм къыхэк1а жыгщ, абы къыпык1эхэр шейт1анхэм я щхьэхэм хуэдэщ. Ар яшхынурэ я ныбэхэр якудэнущ. Абы нэгъуэщ1у ирафынури псывэ зэхэщ1ащ. Ит1анэ жыхьэнэмэм къагъэзэжынущ». (Ас-Сафат: 62-68).
3 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1анэ: «Шхын я1энукъым даригь[37] ф1эк1а, абы пшэри уищ1ынукъым ик1и уигъэнщ1ынукъым». (Аль-Гъашие: 6-7).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Мыбдежым нобэ абы къыщхьэщыжын и1экъым, уэтэпсым нэгъуэщ1и шхыныгъуэ и1экъым. Ар зырагъэшхыр гуэныхьыщ1эхэм я закъуэщ». (Аль-Хьакъэ: 35-37).
Маф1эм хыхьахэм я фадэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «(Л1ык1уэхэр) тек1уэныгъэм щ1элъэ1ури, дэтхэнэ залым инатми я 1уэхур къутащ. Абы жыхьэнэмэр къыпэщылъщ, зырагъэфэнури уэтэпсщ. Ахэр йо1уб мэхъашэурэ, л1эныгъэри дэнэ лъэныкъуэк1и къащ1озэрыхь, ауэ л1эркъым, хьэзаб гуащ1эри къапоплъэр». (Ибрахим: 15-17).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Псывэм ирагъафэрэ и к1эт1ийр зэписык1ыу». (Мухьэммэд: 15).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Дэ джаурхэм яхуэдгъэхьэзыращ зэщ1эзыубыдэну маф1эр. Псы щхьэк1э щылъа1уэхэк1э, абыхэм къыхуашиинущ псывэр, гъущ1 гъэтк1уам хуэдэу, нэк1ур къилыпщ1у. Ар фадэ гъуамэщ! Ар хэщ1ап1э мыгъуэщ». (Аль-Кэхф: 29).
4 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Ауэ сэхъуахэм я хэщ1ап1э хъунур бзаджэщ, жыхьэнэмэм исынухэщ, ар хэщ1ап1э мыгъуэщ. Аращ, ирыраф иджы псывэри уэтэпсри, абыхэм хуэдэщ нэгъуэщ1хэри». (Сад: 55-57).
Жыхьэнэмэм хыхьахэм я щыгъыныр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзмыхьахэм я щыгъыныр маф1эм къыхэщ1ык1ащ, я щхьэхэми псывэр трак1э». (Аль-Хьэдж: 19).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «А махуэм плъагъунущ щ1эпхъаджэхэр церпхэмк1э зэк1уэц1ыпхауэ, щыгъыну я1энури мэзышщ, я нэк1уми лыгъэр щ1энауэ щытынущ». (Ибрахим: 49-50).
Жыхьэнэмэм хыхьэнухэм я п1эхэр:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм теп1энуи щ1элъынуи я1энур маф1эращ: апхуэдэу залымыгъэ зыщ1эхэм яхуэфащэр ядогъэгъуэт». (Аль-1эгьраф: 41).
Маф1эм хыхьахэм я гуауэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Апхуэдэу Алыхьым я лэжьыгъэхэр щаригъэлъагъужк1э гу1эжынухэщ, абыхэм маф1эм къыхэк1ыжи я1энукъым». (Аль-Бэкъэрэ: 167).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Зыри жэнэтым ихьэнукъым ирамгъэлъагъуу маф1эм и щ1ып1эу щытынутэр мыхъун ищ1атэмэ, и ф1ыщ1эр нэхъыбэжу щытын щхьэк1э. Ик1и зыри жыхьэнэмэм ихьэнукъым ирамгъэлъагъуу жэнэтым и щ1ып1эу щытынутэр ф1ыуэ щытатэмэ, и гуауэр нэхъ иныж хъун щхьэк1э». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[38].
3 – Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхь Лъап1эр яупщ1ынущ Къемэт махуэм маф1эм к1уахэм щыщу нэхъ хьэзаб псынщ1э зытелъым: «Щ1ым щы1эу хъуар уи1этэмэ птынтэкъэ?» Жи1энущ: «Нт1э». Жи1энущ: «Абым нэхърэ нэхъ псынщ1эт сызыхуеяр Адам и тхыц1эм ущыхэтам: гъусэ къысхуомыщ1ыну зыри, ауэ гъусэ къысхуэпщ1ын ф1эк1а бдакъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[39].