Articles

Тэухьидымрэ иманымрэ зыхэлъхэм яхуэфащэр





[ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]





Мухьэммэд аль-Тууейджри





Ибрахим и къуэ





—™





Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:





Аматуллах Шэркэси





Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:





Абу Мухьэммэд Шэркэси





جزاء





أهل التوحيد والإيمان





محمد بن إبراهيم التويجري





—™





ترجمة وتدقيق لغوي:





أمة الله الشركسي





مراجعة شرعية:





أبو محمد الشركسي





Тэухьидымрэ иманымрэ





зыхэлъхэм яхуэфащэр





- Тэухьидымрэ иманымрэ зыхэлъхэр Алыхьым тыгъэ лъап1эхэк1э мы дунейм къигъэгугъащ, ахэм ящыщу нэхъ лъап1э дыдэхэр: ехъул1эныгъэ, тек1уэныгъэ, лъэк1ыныгъэ щ1ым деж къаритащ, къащхьэщожыр ахэм, шынагъуэм щехъумэ, къырегъэл, бэрэчэтыр къарет, джаурхэр къатригъак1уэкъым, Алыхьыр ящ1ыгъущ хэхауэ, ф1ыуэ елъагъухэр.





Ахърэтым къигъэгугъахэщ ф1ыгъуэу щы1эхэмк1э, мылъкушхуэк1э, нэм имылъэгъуауэ, тхьэк1умэм зэхимыхауэ, ц1ыхум и гум къэмык1ауэ: «Псэм ищ1экъым къыхуэгъэхьэзырар нэхъ ф1эф1ым щыщу, ящ1ам щхьэк1э яхуэфащэу». (Ас-сэдждэ: 17).





Нэхъ лъап1эу тэухьидымрэ иманымрэ зыхэлъхэм къаритахэм мы дунейми ахърэтми щыщ:





Япэрауэ, Щы1эныгъэ дахэ мы дунейми ахърэтми.





Алыхьым жи1ащ: «Ц1ыхухъуи ц1ыхубзуи ф1ы зыщ1ар ик1и ар му1минмэ щы1эныгъэ дахэк1э дгъэпсэунущ, я псапэри яттынущ нэхъыф1у ящ1ахэм папщ1э». (Ан-Нэхьл: 97).





Ет1уанэу, жэнэтым ихьэнущ.





Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым иман зи1э хъуахэу ф1ы зыщ1ахэр жэнэт псы къыздыщ1эжхэм иришэнущ, Алыхьым зыхуейр ещ1э». (Аль-Хьэдж: 14).





Ещанэу, жэнэтым и ф1ыгъуэхэм зэпымычу хэтынущ.





Алыхьым жи1ащ: «Иман зи1эу 1уэхуф1 зыщ1ахэр гъэгуф1э ахэм щхьэк1э жэнэт псы къызщ1эжхэр зэрахуэфащэмк1э, абым щыщу шхын къыратмэ жа1эр: «Мыр ипэм къыдатауэ щыта», ауэ къыхуахьар ещхьу аращ. Абыхэм щхьэгъусэ къабзэхэр я1эщ абдежым, сыт щыгъуи щы1энухэщ абдеж». (Аль-Бэкъэрэ: 25).





Епл1анэу, тхьэр яхуэаразыщ.





Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым му1минхэмрэ му1минэтхэмрэ игъэгугъащ жэнэт псыхэр къызщ1эжым сытым щыгъуи зэпымычу щы1эну, унэ дэгъуэхэмк1э жэнэтым, ауэ Алыхьым и аразыныгъэр нэхъ инщ. Аращ ехъул1эныгъэ нэхъ лъап1эр». (Ат-Тэубэ: 72).





Етхуанэу, Алыхьышхуэу Лъап1эу Лъагэр жэнэтым ялъэгъунущ.





Алыхьым жи1ащ: «Нэгухэр а махуэм нэжэгужэщ, я тхьэм еплъхэу». (Аль-Къиямэ: 22-23).





Еханэу, Алыхь Лъап1эу лъагэм пэгъунэгъухэщ.





Алыхьым жи1ащ: «Ф1эщхъуныгъэ быдэ зи1эхэр жэнэтхэмрэ псыхэмрэ хэтщ, щ1ып1э пэжым псори зыхузэф1эк1 Унэфэщ1ым деж». (Аль-Къэмэр: 54-55).





Ебланэу, Тхьэ Лъап1эу Лъагэм и псалъэхэр зэхахынущ.





Алыхьым жи1ащ: «Жэнэтым щы1эхэр а махуэм гуф1эгъуэ куэдым хэтщ, езыхэри я щхьэгъусэхэри жьауэхэм п1э щабэхэм зытрагъащ1э, ахэм папщ1э пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ зыхуейуэ хъуамрэ щы1эщ. «Сэлям» псалъэр къажре1э я Тхьэ Гущ1эгъушхуэ зи1эм». (Ясин: 55-58).





Еянэу, маф1эм къелынущ.





Алыхьым жи1ащ: «Псори фыщхьэщык1ынущ абым, аращ уи Тхьэм унафэу къихьар. Ит1анэ тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къедгъэлынущи залымыгъэ зыщ1ахэр лъэгуажэмыщхьэу къэдгъэнэнущ». (Мэрям: 71-72).





- Дунейм дыкъызэригъэгугъахэр иджыпсту мысылмэн куэдым я гъащ1эм щы1экъым, абым къик1ыр я иманыр зэрыкъарууншэращ, ик1и унэсыфынукъым абым иманыр нэхъ быдэ умыщ1ауэ зэрыщытын хуейм хуэдэу. Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэр къытлъысыным папщ1э ди иманымрэ ди 1уэхуф1хэмрэ бегъымбархэмрэ сэхьабэхэмрэ я иманымрэ 1уэхуф1хэмрэ нэдгъэсын хуейщ ипэжып1эк1э.





1 – Алыхьым жи1ащ: «Фэ ф1эщхъуныгъэу фи1эм хуэдэу езыхэми я ф1эщхъуныгъэр щытмэ гъуэгу занщ1эм теувахэщ. Ауэ абым тек1амэ, къуэншагъэм хэхуахэщ. Алыхьым абыхэм уащихъумэнщ, ар Ас-Сэмигь, Аль-Гьэлим». (Аль-Бэкъэрэ: 137).





2 – Алыхьым жи1ащ ит1ани: «Уэ ф1эщхъуныгъэ зи1эхэ, Алыхьымрэ, и л1ык1уэмрэ, тхылъыу и лык1уэм къыхуригъэхамрэ, тхылъыу ипэк1э къыригъэхамрэ фи ф1эщ фыщ1. Алыхьымрэ, и мэлэ1ичхэмрэ, и тхылъхэмрэ, и л1ык1уэхэмрэ, къемэт махуэмрэ зи ф1эщ мыхъур щыуащ щыуэныгъэ жыжьэ дыдэк1э». (Ан-Нисаl: 136).





3 – Алыхьым иджыри жи1ащ: «Уэ ф1эщхъуныгъэ зи1эхэ, диныр зэрыпсоуэ къафщтэ, шейт1аным и гъуэгухэм фытемыхьэ, ар фи бий нахуэщ». (Аль-Бэкъэрэ: 208).



Recent Posts

মানবাধিকার প্রতিষ্ঠায় ...

মানবাধিকার প্রতিষ্ঠায় রাসূলুল্লাহ সাল্লাল্লাহু আলাইহি ওয়াসাল্লামের অবদান

জাবালে ‘আরাফা (জাবালে ...

জাবালে ‘আরাফা (জাবালে রহমত)

মুসলিম নারীর অবশ্য পা ...

মুসলিম নারীর অবশ্য পালনীয় কতিপয় আমল