Жэнэтым и теплъэр
Жэнэтыр: ар мамырыгъэм и хэщ1ап1эщ, Алыхьым му1минхэм, хулъхугъэхэми бзылъхугъэхэми, яхуигъэхьэзыращ ар Ахърэтым.
Жэнэтым теухуа псалъэхэр къитхынущ, Алыхьым жи1эмэ, ар къэзыгъэхъуам, абы ф1ыгъуэу щы1эр къэзыгъэхъуам, абы ихьэнухэр къэзыгъэхъуам, и Тхылъым. Ар Алыхь Лъап1эращ. Ик1и абы ихьэу и лъакъуэк1э и щ1ым теувам и псалъэхэм къызэрыхэщу, ар Мухьэммэдщ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Къур1энымрэ Суннэ пэжымрэ къызэрыгъэлъэгъуам хуэдэу.
Жэнэтым и ц1э нэхъ зыщыгъуазэхэр:
Жэнэтыр зыщ, ауэ теплъэ зэмыл1эужьыгъуэхэр и1эщ, абы и ц1э нэхъ зыщыгъуазэхэм щыщщ:
1 – Жэнэт: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ хуэжы1эщ1эхэр, псыежэххэр къызщ1эж жэнэтым иришэнущ, ик1и ахэр игъащ1эк1э абым щы1энущ, ар ехъул1эныгъэшхуэщ». (Ан-Ниса1: 13).
2 – Жэнэт Аль-Фирдэус: Алыхьым Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьауэ ф1ы зыщ1ахэм хэщ1ап1эу я1энур жэнэт Аль-Фирдэусыращ». (Аль-Кэхф: 107).
3 – Жэнэт гьэдн[1]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыр гукъэк1ыжщ. Тхьэм ф1эл1ык1хэм къахуэдгъэхьэзыращ хэщ1ап1эф1ыр, жэнэт гьэдным и бжэхэр яхузэ1ухащ ахэм». (Сад: 49-50).
4 – Жэнэт Аль-Хъулд[2]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жы1э: «Ара нэхъыф1ыр, хьэмэрэ жэнэт мыухыжу тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къызэрагъэгугъара?» Ар абыхэм яхуэфащэщ ик1и я хэщ1ап1эщ». (Аль-Фуркъан:15).
5 – Жэнэт Ан-Нэгьим[3]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэм жэнэт тхъап1эр къапэщылъщ». (Лукъман: 8).
6 – Жэнэт Аль-Мэ1уа[4]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыдрей иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэм жэнэтыр я хэщ1ап1эу щепсыхынухэщ ялэжьам къызэрыпэк1уэу». (Ас-Сэдждэ: 19).
7 – Дар Ас-Сэлям[5]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм мамырыгъэм и хэщ1ап1эр ягъуэтынущ я Тхьэм идеж, абыхэм ялэжьахэм и телъхьэщ Ар». (Аль-1энгьам: 127).
Жэнэтым и щ1ып1эр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фи ерыскъыри фыкъызэригъэгугъари уафэращ здэщы1эр». (Аз-Зарият: 22).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ар абы ет1уанэуи илъэгъуат гъунэ дыдэм щыт жыг сидрэм бгъэдэту. А жыгым идежщ жэнэт хэщ1ап1эр». (Ан-Нэджм: 13-15).
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ зи ф1эщ хъууэ, нэмэз зыщ1ар, Рэмэданым нэщ1 зы1ыгъар Алыхьым жэнэтым иригъэхьэну хьэкъыу телъщ. Абы Алыхьым и ц1эк1э хиджрэ ищ1ами, къыщыхъуа щ1ып1эм къэнами». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ц1ыхухэм ядгъэщ1эну щыткъэ ар?» Жи1ащ: «Ипэжып1эк1э жэнэтым увып1эу щэ и1эщ, ахэр Алыхьым и ц1эк1э зауэхэм яхуигъэхьэзыращ, увып1ит1ым яку дэлъыр щ1ымрэ уафэмрэ якум дэлъым хуэдизщ. Алыхьым ахэм щхьэк1э фыщелъэ1ук1э, жэнэт Аль-Фирдэусымк1э фелъэ1у. Аращ жэнэтым икури и нэхъ лъагэ дыдэри, абым и щхьэм Гущ1эгъущ1ым и Гьэршыращ щы1эр, абым идежщ жэнэтым и псыкъежэххэри къыздыщ1эжыр». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[6].
4 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Му1миным и псэр щыхэк1ыным гущ1эгъуныгъэм и мэлэ1ычхэр къыхуок1уэр. И псэр щыхахк1э шылэ хужьым к1уэц1алъхьэри уафэм и бжэм идеж яунэт1ыр, ит1анэ жа1эр: «Мы мэм нэхъ гуак1уэ къытщ1ихьакъым…». Аль-Хьакимрэ Ибн Хьибанрэ къа1уэтэжащ[7].
Жэнэтым и бжэхэм я ц1эхэр:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым и ц1эк1э сытым щыщи т1уэ зытам жэнэтым и бжэмк1э къеджэнухэщ: «Уэ Алыхьым и пщыл1! Мыращ ф1ыр». Нэмэзым пыщ1ахэм къеджэнухэщ нэмэзым и бжэмк1э, джихадым пылъахэм джихадым и бжэмк1э къеджэнухэщ, нэщ1ым пыщ1ауэ щытахэм Ар-Рэйян бжэмк1э къаджэнухэщ, сэдэкъэ зыту щытахэм сэдэкъэм и бжэмк1э къеджэнухэщ».
Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Си адэри си анэри щхьэщэхуж зыхуэхъун, уэ Алыхьым и л1ык1уэ, а бжэхэм щыщ гуэрым дыхьэну къызэджахэм яхурокъур, ауэ бжэуэ хъуами зыгуэрхэм къаджэну п1эрэ?» Жи1ащ: «Нт1э, ик1и согугъэр уэ абыхэм уащыщыну». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[8].
Жэнэтым и бжэхэм и бгъуагъыр:
1 - Гьутбэ бин Гъэзэуан, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Къыджа1ащ жэнэтым и бжэблыпкъит1ым яку илъэс пл1ыщ1 и к1ыхьагъ гъуэгу зэрыдэлъыр, ик1и къэк1уэнущ махуэ ц1ыху гупышхуэ абдежым щызэрызегуэнур». Муслим къи1уэтэжащ[9].
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыхуахьащ зы махуэ гуэрым лы …- ик1эм жи1ащ: «Мухьэммэд и псэр зи 1эмыщ1э илъымк1э со1уэр, жэнэтым и бжэблыпкъхэм щыщ зым ику дэлъщ Мэккэмрэ Хэджэрымрэ, е Мэккэмрэ Бусрэмрэ яку дэлъым хуэдиз». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[10].
Жэнэтым и бжэхэм я бжыгъэр:
1 – Алыхь Лъап1эу Лъагэм жи1ащ: «Зи Тхьэм ф1эл1ык1ыу щытахэр гупу жэнэтым яшэнущ. Щынэск1э, хъумак1уэхэм жэнэтыбжэхэр зэ1уахынурэ къыжра1энущ: «Сэлам алейкум! Фэ ф1ым фытетащи фихьэ жэнэтым, игъащ1эк1э абым фыщы1энущ». (Аз-Зумар: 73).
2 – Сэхл бин Сэгьд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым бжий и1эщ, абыхэм щыщ зы бжэм Ар-Рэянк1э йоджэхэр, абымк1э дыхьэнухэр нэщ1 зы1ыгъыу щыта закъуэхэращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[11].
Жэнэтыбжэхэр зэ1ухащ дыхьэнухэм папщ1э:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыр гум къэзыгъэк1ыжщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм къахуэдгъэхьэзыращ хэщ1ап1эф1ыр. Жэнэт лъап1эр, и бжэхэр яхузэ1ухащ ахэм». (Сад: 49-50).
Жэнэтым и бжэхэр щызэ1ухар мы дунейм:
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым и бжэхэр блыщхьэмрэ мэхуэкумрэ зэ1уахри Алыхьым гъусэ хуэзмыщ1ауэ хъуам хуагъэгъур, зэбий хъуа т1ум мыхъумэ. Жа1эр щэрэ: «Мы т1ур зэк1ужыху къэвгъанэ». Муслим къи1уэтэжащ[12].
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Рэмэданыр къыщыск1э жэнэтым и бжэхэр зэ1уахыр, жыхьэнэмэм и бжэхэр зэхуащ1ыр, шейт1анхэр 1эхъулъэхъук1э я1ул1эхэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[13].
3 – Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Зыгуэрым фэ фщыщу андез къищтэу ар тэмэму игъэзащ1эу жи1эмэ: «Щыхьэт сохъур Алыхьыр зыщи гъусэ зэримы1эмк1э, Мухьэммэд абы и пщ1ыл1ыу ик1и и л1ык1уэу зэрыщытымк1э», абы жэнэтым и бжэхэу ири хузэ1уахынущ, ахэм щыщу зэрыхуеймк1э ихьэнущ». Муслим къи1уэтэжащ[14].
Япэ дыдэу жэнэтым ихьэнур:
Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Къемэт махуэм жэнэтым и бжэм сы1ухьэнущи къызэ1уахыну жыс1энущ, абы и хъумак1уэм жи1энущ: «Ухэт уэ?» Жыс1энущ: «Мухьэммэд». Жи1энущ: «Уэращ унафэ къызэрысхуащ1ар, уи япэк1э зыми хузэ1усхынукъым». Муслим къи1уэтэжащ[15].
1умэтхэм щыщу жэнэтым япэрейуэ ихьэнур:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Дэращ иужьрейхэр, япэрейхэр Къемэт махуэм, дэращ япэ дыдэу жэнэтым ихьэнухэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[16].
Япэрей гупу жэнэтым ихьэнур:
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Щ1ыб ик1ынухэкъым инк1и ц1ык1ук1и, убжьытхэнухэкъым, я пэри къыпыжынукъым, я щхьэмажьэхэр дыщэщ, я пщ1ант1эпсыр мискщ, я ф1амыщ1ыр пхъэ мэ гуак1уэ къызпихщ, я щхьэгъусэхэр хьур гьин[17], я теплъэк1э псори зым хуэдэнухэщ, я адэ Адам и теплъэм хуэдэу 1эфрак1э хыщ1 я лъагагъыу щытынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[18].
2 – Сэхл бин Сэгьд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Си 1умэтым щыщу жэнэтым ихьэнущ мин блыщ1 е мин щибл зэры1ыгъхэу, зым зыр иубыду, япэрейр ихьэнукъым иужьрейр имыхьэу, я нэгухэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым хуэдэнухэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[19].
3 – Гьэбдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр т1уми арэзы яхуэхъу, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Мухьэжыр факъырэхэр Къемэт махуэм къулейхэм япэ ищынухэщ бжьыхьэ пл1ыщ1к1э жэнэтым к1уэхэу». Муслим къи1уэтэжащ[20].
Жэнэтым ихьэнухэм я ныбжьыр:
Мугьаз бин Джэбэл, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым ихьэнухэр щихьэк1э я 1эпкълъэпкъым щхьэц тетынукъым, я нэк1ухэми жьак1э тетынукъым, я нэхэр сурьмак1э щ1эшауэ, я ныбжьыр илъэс щыщ1 е щыщ1рэ щы хъунущ». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[21].
Жэнэтым ихьэнухэм я нэгухэр зэрыщытынур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр тхъап1эм хэтынущ, шэнтжьейхэм исынущ къаплъэу, я нэгухэм тхъэгъуэм и нурыр щыплъагъунущ». (Аль-Мут1эфифин: 22-24).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «А махуэм я нэгухэм нурыр къыщ1ихыу я Тхьэм еплъынухэщ». (Аль-Къиямэ: 22-23).
3 – Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Я нэгухэр а махуэм нэф1эгуф1эу, ялэжьам хуэарэзыуэ жэнэтым щы1энухэщ». (Аль-Гъашие: 8-10).
4 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Я нэгухэр а махуэм зэ1ухауэ, гуф1эу, нэжэгужэу щытынущ». (Гьэбэсэ: 38-39).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ауэ зи нэгухэр хужь хъунухэр Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм хэтынухэщ, ахэр абы игъащ1эк1э хэтынущ». (Алэ Гьимран: 107).
6 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым ахэр а махуэм и хьэзабым щихъумэнущи, нэхумрэ гуф1эгъуэмрэ къаритынущ». (Аль-Инсан: 11).
7 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Ягухэр зы ц1ыхум и гум хуэдэщ, зэбииныгъэрэ зэфыгъуэныгъэрэ якум дэлъынукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[22].
Жэнэтым ихьэнухэм къазэры1ущ1энухэр:
1 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зи Тхьэм ф1эл1ык1ыу щытахэр гупу жэнэтым яшэнущ. Щынэск1э, хъумак1уэхэм жэнэтыбжэхэр зэ1уахынурэ къыжра1энущ: «Сэлам алейкум! Фэ ф1ым фытетащи фихьэ жэнэтым, игъащ1эк1э абым фыщы1энущ». (Аз-Зумар: 73).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Мэлэ1ычхэр бжэ псомк1и къыщ1ыхьэнущ ахэм ядеж: «Мамырыгъэр къыфлъыс шэчыныгъэу фхэлъам щхьэк1э, сыту дэгъуэ хэщ1ап1э фхуэхъуар». (Ар-Рэгьд: 23-24).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ахэр шынагъуэшхуэм игъэнэщхъеинукъым, мэлэ1ычхэр къапежэнущ: «Мыр фэ фыкъызэрагъэгугъа фи махуэщ». (Аль-1энбия1: 103).
Лъытэныгъэрэ хьэзабрэ къатемыхуэу жэнэтым ихьэнухэр:
1 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «1умэтхэр сагъэлъэгъуащ, блэк1ащ бегъымбар 1умэтыр щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар зыбжанэ щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар пщ1ы щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар тху щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар изакъуэу. Ит1анэ слъэгъуащ ф1ыц1агъэшхуэ, жыс1ащ: «Уэ Джибриль, мыхэра сэ си 1умэтыр?» Жи1ащ: «Хьэуэ, ауэ плъэт ищхьэк1э». Сыплъэри ф1ыц1агъэшхуэ къэслъэгъуащ. Жи1ащ: «Ахэращ уи 1умэтыр, абыхэм япэ итхэр лъытэныгъэрэ хьэзабрэ къызтемыхуэ мин блыщ1ращ». Жыс1ащ: «Сытым щхьэк1э?» Жи1ащ: «Маф1эк1э зэ1эзахэкъым, рукъия[23] къахуеджэну зыми елъэ1уахэкъым, нэщэнэ[24] пц1ыхэм тетакъым, я Тхьэм щыгугъхэу щытахэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[25].
2 – Абу 1умамэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Си Тхьэм сыкъигъэгугъащ си 1умэтым щыщу мин блыщ1 жэнэтым игъэк1уэну лъытэныгъэрэ хьэзабрэ хэмыту, мин къэс иджыри мин блыщ1 щ1ыгъуу, ит1анэ иджыри 1эмыщ1ищ си Тхьэ Лъап1эу Лъагэм и 1эмыщ1эу». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[26].
Жэнэтым и щ1ыгумрэ къызхэщ1ык1амрэ:
1 – Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, уафэм щыдрахьеям жи1ащ: «Ит1анэ псынщ1эу к1уащ сидрэ мунтэхам[27] сынигъэсыху, абым плъыфэу и1эхэр зыхуэдэри сщ1экъым, ит1анэ жэнэтым сырагъэхьащ, абдежым унащхьэ те1этык1ахэр налкъутналмэсым къыхэщ1ык1ащ, щ1ыгур мискщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[28]
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Жыт1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, жэнэтыр дауэрэ зэрызэтелъхьар?» Жи1ащ: «Зы чэрбышыр дыжьынщ, адрей чэрбышыр дыщэщ, зэрызэк1эрыгъэубыдар миск мэ гуак1уэ дыдэ зи1эщ, мывэ ц1ык1уу якум дэлъхэр налкъутналмэсрэ налкъутрэщ, и щ1ыр шэфранщ. Абы ихьар матхъэр гукъеуэ имылъагъуу, игъащ1эк1э абдежым щы1эщ мыл1эу. Я щыгъынхэр лажьэкъым, я щ1алэгъуэр блэк1къым». Ат-Тирмизирэ Ад-Даримийрэ къа1уэтэжащ[29].
3 – Абу Сэгьид, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ Ибн Сэяд бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, еупщ1ауэ жэнэтым и щ1ыр зыхуэдэм. Жи1ащ: «Пшахъуэ щабэ хужьыбзэщ, миск къэбзабзэщ». Муслим къи1уэтэжащ[30].
Жэнэтым ихьахэм я шэтырхэр зэрыщытынур:
1 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьурхэр[31] шэтырхэм щ1эсу». (Ар-Рэхьман: 72).
2 – Гьэбдуллах бин Къейс, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Му1миным и шэтырыр жэнэтым зы налкъутналмэс нэщ1ым къыхэщ1ык1ащ, и к1ыхьагъыр милэ хыщ1 мэхъу, му1минхэм я 1ыхьлыхэри абдежым щы1эщ, ахэр къызэхек1ухьыр, зым зыр ялъагъукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[32].
Жэнэтым и бэзэрыр:
Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энущ бэзэр мэрем махуэ къэс ек1уал1эхэу, абдежым ищхъэрэк1э жьы къепщэнущи я нэгухэмрэ я щыгъынхэмрэ щ1ихунущи нэхъри я ф1ыгъэмрэ я дахагъымрэ хэхъуэнущ. Ит1анэ я 1ыхьлыхэм ядеж ягъэзэжынущи, ялъэгъунущ ахэми я ф1ыгъэмрэ я дахагъымрэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Къыжра1энущ я 1ыхьлыхэм: «Фэри, Уэлэхьи, фи ф1ыгъэмрэ фи дахагъэмрэ диужьк1э нэхъыбэ хъуащ». Муслим къи1уэтэжащ[33].
Жэнэтым щы1э унэхэр:
Алыхь Лъап1эу Лъагэм ищ1ащ жэнэтым щы1э унэхэмрэ дворецхэмрэ я к1уэц1ым псэр зыхущ1экъуну хъуар, нэм ф1эф1у хъуар.
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым му1мин ц1ыхухъухэри му1мин бзылъхугъэхэри къигъэгугъащ псыхэр зыщ1эж жэнэтымк1э, игъащ1эк1э абы щы1энухэщ. Псэуп1эф1хэри щы1эщ жэнэт гьэдным. Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъыбэжщ. Ар ехъул1эныгъэшхуэщ.» (Ат-Тобэ: 72).
Жэнэтым ихьэнухэм я щ1ып1эхэр зэрызэщхьэщык1ыр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «(Жэнэтым) Уиплъэху къэс плъагъунур тхъэгъуэрэ мылъкушхуэрэщ». (Аль-1инсан: 20).
2 – Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энухэм ящхьэмк1э щы1э пэшхэм щ1эсхэр зэралъэгъунур вагъуэ къэц1ууэ къуэк1ып1эмк1э е къухьэп1эмк1э уафэм и гъунапкъэм ирек1уэк1ыр зэралъагъум хуэдэу. Ар зыр адрейм къызэрыщхьэщык1ым папщ1э». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ахэр бегъымбархэм я псэуп1эхэу зыри здынэмысхэращ». Жи1ащ: «Хьэуэ, си псэр зи 1эмыщ1э илъымк1э со1уэ, ц1ыху Алыхьыр зи ф1эщ хъууэ л1ык1уэхэм жа1ар зыгъэпэжахэращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[34].
Жэнэтым ихьахэм я пэшхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэр жэнэтым дгъэк1уэнущи псы зыщ1эж пэшхэм щ1эсынухэщ, игъащ1эк1э ахэр абдежым къэнэнущ, ф1ы зылэжьахэм я псапэр дэгъуэщ». (Аль-Гьэнкэбут: 58).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зи Тхьэ ф1эл1ык1ыу щытахэр унэ зэтетхэм щ1эсынущ, я бжэ1упэмк1э псыхэр щежэхыу. Ар Алыхьым и псалъэщ, Алыхьыр и псалъэм епц1ыжкъым». (Аз-Зумэр: 20).
3 – Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энущ пэшхэр и к1уэц1ым укъиплъмэ и щ1ыбым щы1эр плъыгъуу, щ1ыбым укъиплъмэ и к1уэц1ым щы1эр плъагъуу». Бедуин къэтэджри абдежым щ1эупщ1ащ: «Хэт ахэр зыхуэгъэхьэзырар, уэ Алыхьым и л1ык1уэ?» Жи1ащ: «Зи псалъэр 1эф1у щытам, шхын языгъэшхыу щытам, нэщ1 сытым щыгъуи и1ыгъыным пылъам, жэщым ц1ыхухэр жейуэ нэмэз зыщ1у щытам». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[35].
Жэнэтым щы1эхэм зызрагъэщ1ыр:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зырагъэщ1ыр дарий зэрыбза гъуэлъып1эхэм». (Ар-Рэхьман: 54).
Жэнэтым ихьахэм я алэрыбгъухэмрэ я щхьэнтэхэмрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Щхьэнтэхэри къегъэт1ылъэк1ащ, алэрыбгъухэри убгъуащ». (Аль-Гъашие: 15-16).
2 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алэрыбгъу дахэхэм (телърэ) щхьэнтэ щхъуант1эхэм егъэщ1ауэ». (Ар-Рэхьман: 76).
Жэнэтым щы1э шэнтжьейхэр:
Ахэр тепхъуэ п1ащ1эхэр зытелъ п1эщ, е щхьэнтэхэр зэрылъ шэнтышхуэщ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр тхъап1эм хэтынущ, шэнтжьейхэм исынущ къаплъэу». (Аль-Мут1эфифин: 22-23).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Шэнтжьейхэм илъынущ, дыгъи уаи къалъэ1эсынукъым». (Аль-1инсан: 13).
3 – Иджыри жи1ащ Алыхь Лъап1эм: «Жэнэтыр къэзылэжьахэр а махуэм тхъэгъуэм хэтынущ, езыхэмрэ я щхьэгъусэхэмрэ шэнтжьейхэм егъэщ1ауэ жыг жьауэм щ1эсынухэщ». (Ясин: 55-56).
Жэнэтым щы1энухэм я гуф1эгъуэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Я гум илъ 1ейр къитхащи, зэкъуэшхэу, зэщыгуф1ык1хэу зэхуэгъэзахэу п1эхэм илъынущ». (Аль-Хьиджр: 47).
2 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр сатыру егъэувэк1а п1эхэм егъэщ1ауэ щылъынущ. Абыхэм щхьэгъусэ яхуэтщ1ынущ хьур гьинхэр». (Ат1-Т1ур: 20).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «П1э хэдык1ахэм зырагъэщ1ауэ зэпэщысынухэщ». (Аль-Уакъигьэ: 15-16).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Я п1эхэр 1этащ». (Аль-Гъашие: 13).
Жэнэтым щы1энухэм я хьэкъущыкъухэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэм я 1уэхутхьэбзащ1э щ1алэ ныбжьыщ1эхэр къырок1уэк1ыр фалъэк1э, кхъуэщынк1э, стэчанк1э къыхуахьурэ псынэ фадэр». (Аль-Уакъигьэ: 17-18).
2 – Ит1анэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм дыщэ тепшэчхэмрэ фалъэхэмрэ къыхуахьынущ. Ахэм илъынущ псэм ф1э1эф1ымрэ нэм ф1эдахэмрэ. Игъащ1эк1э абым фыщы1энущ». (Аз-Зухъруф: 71).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ахэр къызэхак1ухьынущ хьэкъущыкъу дыжьыным къыхэщ1ык1ахэмк1э, фалъэ абдж нэхъыф1 дыдэм къыхэщ1ык1ахэмк1э. Дыжьын абджым къыхэщ1ык1ахэу, зэрыщытын хуейм хуэдизхэу». (Аль-1инсан: 15-16).
4 – Гьэбдуллах бин Къейс, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтит1ыр дыжьынщ, я хьэкъущыкъухэри, абыхэм щы1эу хъуари. Жэнэтит1ыр дыщэщ, я хьэкъущыкъухэри, абыхэм щы1эу хъуари. Ц1ыхухэм я Тхьэр ялъэгъуным зэран хуэхъур лъап1агъэм и тепхъуэ Абым и нэгум тепхъуа закъуэращ жэнэт гьэдным». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[36].
Жэнэтым щы1энухэм зызэрагъэщ1эращ1эхэмрэ я щыгъынымрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман зи1эу ф1ы зыщ1ахэр Алыхьым игъэк1уэнущ псыхэр щежэх жэнэтым, ахэр дыщэмрэ налкъутналмэсымрэ къыхэщ1ык1а 1эпщэхъухэмк1э гъэщ1эрэщ1ауэ, шылэк1э хуэпауэ щытынущ». (Аль-Хьэдж: 23).
2 – Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэращ дыщэ 1эпщэхъухэр я1эрылъу дарий щхъуант1эк1э хуэпауэ шентжьейхэм зытезыгъащ1эр. Ар сыту тыгъэф1, сыту хэщ1ап1э дэгъуэ». (Аль-Кэхф: 31).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абыхэм я щыгъыныр данэ удзыфэм къыхэщ1ык1ащ, дыжьын 1эпщэхъухэр я1эрылъынущ, я Тхьэм фадэ къабзэ иригъэфэнухэщ». (Аль-1инсан: 21).
Япэрейуэ жэнэтым щыгъын зыщат1эгъэнур:
Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «…ик1и япэрейуэ къигъэхъуахэм щыщу яхуэпэнур Къемэт махуэм Ибрахим Аль-Хъэлил». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[37].
Жэнэтым щы1энухэм я 1уэхутхьэбзащ1эхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэм я 1уэхутхьэбзащ1э щ1алэ ныбжьыщ1эхэр къырок1уэк1ыр фалъэк1э, кхъуэщынк1э, стэчанк1э къыхуахьурэ псынэ фадэр». (Аль-Уакъигьэ: 17-18).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Абыхэм я 1уэхутхьэбзащ1эу щытынущ жьы мыхъу щ1алэщ1эхэр, уахэплъамэ налкъутналмэс зэбгырылъэлъам хуэдэхэу». (Аль-1инсан: 19).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Налкъутналмэс хъумам хуэдэ щ1алэхэр абыхэм я 1уэхутхьэбзащ1эхэу щытынущ». (Ат1-Т1ур:24).
Жэнэтым к1уахэм я япэрей шхыныр:
1 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Гьэбдуллах бин Сэлам, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, еупщ1ауэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, сыт хуэдэ шхын жэнэтым к1уэнухэм яшхынур? Жи1ащ: «Джейм и тхьэмщ1ыгъум къыпылеик1 1ыхьэращ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[38].
2 – Сэубан, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, идеж сыщ1эту журтхэм я щ1эныгъэл1хэм щыщ зы къыщ1ыхьащ…- абым хэтщ -: «Жи1ащ журтым: «Хэт ц1ыхухэм щыщу япэрейуэ хуэфащэр зылъысынур?» Жи1ащ: «Мухьэжырхэм щыщу факъырэхэращ». Жи1ащ журтым: «Сыт абыхэм тыгъэу иратынур жэнэтым щихьэхэк1э?» Жи1ащ: «Джейм и тхьэмщ1ыгъум къыпылеик1 1ыхьэращ». Жи1ащ: «Сыт ат1э шэджагъуашхэу абым иужьк1э щытынур?» Жи1ащ: «Хуаук1ынущ абыхэм жэнэтым и гуухэм щыщ, жэнэтым и 1уфэхэм щыхъуак1уэу щытар». Жи1ащ: «Сыт абыхэм я фадэу щытынур?» Жи1ащ: «Абдежым къыщ1эж псынэм щыщ, и ц1эр Сэлсэбил». Муслим къи1уэтэжащ[39].
Жэнэтшхыныр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фихьэ жэнэтым фэри фи щхьэгъусэхэри, фагъэгуф1энущ. Абыхэм дыщэ тепщэчхэмрэ фалъэхэмрэ къыхурахьэк1ынущ. Абыхэм псэм ф1э1эф1ымрэ нэм ф1эдахэмрэ ярылъынущ. Абым игъащ1эк1э фыщы1энущ». (Аз-Зухъруф: 70-71).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр къызэригъэгугъа жэнэтыр зыхуэдэр аращ: и лъабжьэм псыхэр щожэхыр, шхыныгъуэрэ жьауэрэ абым щы1эр зэпымыущ». (Ар-Рэгьд: 35).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Пхъэщхьэмыщхьэхэм хагъадэу къыхахыу, къуалэбзуул ягу къэк1ахэм хагъэ1эбэу». (Аль-Уакъигьэ: 20-21).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Фышхэ, фефэ, фи хьэлэлщ блэк1а махуэхэм къыщывлэжьауэ». (Аль-Хьакъэ: 24).
5 – Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Щ1ыр Къемэт махуэм щытынущ зы щ1акхъуэм хуэдэу, жэнэтым ихьэнухэм хуэгъэхьэзырауэ, ар Лъэщым зэпигъэзэнущ и 1эк1э фэ фщыщ зым и щ1акхъуэр зэрызэпигъазэм хуэдэу гъуэгу щытехьэк1э». – абым хэту жи1ащ –«Журтхэм ящыщ л1ы къэк1уат… Жи1ащ: «Уэзгъэщ1эн абым я шхыным дашхыр?» Жи1ащ: «Дашхыр баламрэ нунрэщ». Жа1ащ: «Сыт ар?» Жи1ащ: «Гуурэ джейрэ, абым я тхьэмщ1ыгъум къыпылеик1ым мин блыщ1 къегъашхэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[40].
6 – Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Жэнэтым к1уэнухэр щышхэнущ ик1и щефэнущ абдежым, ауэ убжьытхэнухэкъым, щ1ыб ц1ык1ук1и инк1и ик1ынухэкъым, ик1и япэ къик1ынукъым». Жа1ащ: «Ат1э сыт шхыным къыщыщ1ыр?» Жи1ащ: «Къэкъеижынущ е пщ1ант1эк1э къыхэк1ыжынущ мискым хуэдэу, тэсбихьымрэ тэхьмидымрэ жьы къызэрашэм хуэдэурэ къажьэдэк1ынущ». Муслим къи1уэтэжащ[41].
7 – Гьутбэ бин Гьэбд Ас-Сулэмий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, игъусэу сыщысу зы бедуин къак1уэри жи1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, зэхэсхащ и гугъу пщ1ыуэ жэнэтым щыщ жыг сщ1экъым абым нэхърэ нэхъыбэу мы дунейм банэ зытет» – к1арц жыгращ зи гугъу ищ1тэр. Жи1ащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Алыхьым банэ къэс зэрихъуэк1ынущ бжэным и щахэ зэк1эрыгъэубыдам хуэдэк1э, абым плъыфэ блыщ1 шхыныгъуэу илъу, зыр адрейм емыщхьу». Ат1-Т1эбэрани къи1уэтэжащ «Аль-Кэбир» тхылъымрэ, «Муснэд Аш-Шамиин» тхылъымрэ иту[42].
Жэнэтым щы1э фадэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр ефэнущ фалъэ итым кафур[43] хэгъэк1ухьауэ». (Аль-1инсан: 5).
2 – Ит1анэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр ирагъэфэнущ зэнджэбил[44] зыхэгъэк1ухьа бжьэм». (Аль-1инсан: 17).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ахэр ирагъэфэнущ зи щхьэр трамыча фадэм, абы и щ1эт1ысык1ахуэр мискщ. Апхуэдэ тхъэгъуэм хуэп1ащ1эхэр зэпырыреуэ. Фадэр зэ1ыхащ тэснимк1э, ар Алыхьым пэгъунэгъухэр зэфэ псынэщ». (Аль-Мут1эфифин: 25-28).
4 – Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын жи1ащ: «Кэусэрыр жэнэтым щы1э псыежэхщ, и 1уфэхэр дыщэщ, налкъутналмэсымрэ якъутымрэ[45] ирожэр и псыр, и щ1ыр мискым нэхърэ нэхъ гуак1уэщ, и псыр фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, уэсым нэхърэ нэхъ хужьщ». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[46].
Жэнэтым и жыгхэмрэ и пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жыг жьауэхэр япэблагъэхэщ, и пхъэщхьэмыщхьэхэри зэрыхуейщ». (Аль-1инсан: 14).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр псыхэр къызщ1эж жьауэхэм щ1эсынущ, пхъэщхьэмыщхьэ зыхуейхэри ягъуэтынущ». (Аль-Мурсэлят: 41-42).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ахэр егъэщ1ауэ абдежым щылъынущ, пхъэщхьэмыщхьэ куэдрэ зэфэнрэ къыхуахьыну елъэ1ухэу». (Сад: 51).
4 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1ани: «Сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэри абыхэм щхьэк1э щы1эщ абдежым». (Мухьэммэд: 15).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Алыхьым щышынэу щытахэм ехъул1эныгъэ къалъысынущ, жыг хадэхэмрэ жызумхэмрэ». (Ан-Нэбэ1: 31-32).
6 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэм щыщу т1урыт1 къыщок1» «Абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэри, чыц1ыбжьэхэри, нарыхэри (къыщок1ыр)» (Ар-Рэхьман: 52, 68).
7 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Абдежым ахэр зыщ1элъэ1у пхъэщхьэмыщхьэхэр псори щагъуэтынущ шынагъуэ щымы1эу». (Ад-Духъан: 55).
8 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ижьымк1э щы1энухэр, пщ1эрэ ижьымк1э щы1энухэр? Банэ зытемытыж сидрым, пхъэщхьэмыщхьэхэр пызу и жьауэ укъуэдиям щ1эсынухэщ, псыхэр блэжу, пхъэщхьэмыщхьэхэри къимыухыу ик1и зыхуейр къащтэу». (Аль-Уакъигьэ: 27-33).
9 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Жэнэт лъап1эм щы1энухэщ, пхъэщхьэмыщхьэхэр якуэду. «Фешхэ, фефэ, фи хьэлэлщ блэк1а махуэхэм къэвлэжьауэ». (Аль-Хьакъэ: 22-24).
10 – Малик бин Сэгьсэгьэ, Алыхьыр т1уми арэзы яхуэхъу, мигьраджым и хъыбарым хэту жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ит1анэ сидрэ аль-мунтэхар къысхуа1этри слъэгъуащ и пхъэщхьэмыщхьэхэр кхъуэщынышхуэхэм хуэдэу, и тхьэмпэхэр пылым и тхьэк1умэм хуэдэу, и лъабжьэм псыежэхыу пл1ы къыщ1ожыр: т1ур ик1уэц1к1э, т1ур ищхьэк1э. Джибриль сыщеупщ1ым жи1ащ: «Ик1уэц1ым щежэх т1ур жэнэтым щы1эщ, адрей т1ур Нилрэ Фуратрэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[47].
11 – Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1эщ жыг шу псынщ1э дыдэ, зэтегъэпсыхьа шым тесыр илъэсищэк1э к1уами къызэхимык1ухьыфыну». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[48].
12 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1экъым жыг и лъабжьэр дыщэм къыхэмыщ1ык1ауэ». Ат-Тирмизи къи1уэтэжащ[49].
Жэнэтым и псыежэххэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэм жэнэт псыхэр къызщ1эжхэр къапоплъэр, ар ехъул1эныгъэшхуэщ». (Аль-Бурудж: 11).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къызэригъэгугъа жэнэтым и теплъэр: абым щы1эщ псыежэххэр я псыр зымыхъуэж, псыежэххэр я псыр шэ зи 1эф1ыгъэр зызмыхъуэж, псыежэххэр я псыр фадэу ефэхэм щхьэк1э 1эф1у, псыежэххэр я псыр фо къабзэу. Сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэри абыхэм щхьэк1э щы1эщ, я Тхьэми и гъэгъуныгъэр». (Мухьэммэд: 15).
3 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр щытхъэнущ псыхэр щежэх жэнэтым, Пащтыхь Лъэщым и пащхьэ псэхуп1э пэжым щысхэу». (Аль-Къэмэр: 54-55).
4 – Анас ибн Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым сыздырик1уэм псыежэхым сырихьэл1ащ, и 1уфэхэр налкъутнэлмэс ныкъуэ нэщ1хэу. Жыс1ащ: «Сыт мыр, уэ Джибриль?» Жи1ащ: «Ар Кэусэр уи Тхьэм тыгъэ къыпхуищ1аращ». И мэмрэ и щ1ымрэ миск къабзэщ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[50].
5 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Сейхьанымрэ Джейхьанымрэ, Фуратымрэ Нилымрэ, ахэр псори жэнэтым и псыежэххэм щыщщ». Муслим къи1уэтэжащ[51].
Жэнэтым и псынэхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр жэнэтхэмрэ псынэхэмрэ хэтщ». (Аль-Хьиджр: 45).
2 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр ефэнущ фалъэ итым кафур[52] хэгъэк1ухьауэ, псынэу къыщ1ожыр Алыхьым и пщыл1хэр ефэнхэ щхьэк1э». (Аль-1инсан: 5-6).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Фадэр зэ1ыхащ тэснимк1э, ар Алыхьым пэгъунэгъухэр зэфэ псынэщ». (Аль-Мут1эфифин: 27-28).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абы псынит1 къыщыщ1ож» «Абыхэми псынит1 къыщыщ1оу». (Ар-Рэхьман: 50, 66).
5 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Ахэр ирагъэфэнущ зэнджэбил[53] зыхэгъэк1ухьа бжьэм, Сэлсэбил зиц1э псынэм къыхахыурэ». (Аль-1инсан: 17-18).
Жэнэтым щы1эну бзылъхугъэхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэм я Тхьэм деж щагъуэтынущ псыежэххэр зыщ1эж жыг хадэхэр, - ахэр абы игъащ1эк1э исынущ, - щхьэгъусэ къабзэхэр, Алыхьыр къахуэарэзыщ. Алыхьым елъагъур и пщыл1хэр». (Алэ Гьимран: 15).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Дэ (хьурхэр) къэгъэхъук1эк1э къэдгъэхъуащ, хъыджэбзу щытынхэу, ял1хэр ф1ыуэ ялъагъуу ик1и зэныбжьхэу, ар ижьымк1э щы1эхэм яйщ, япэрейхэм щыщу зыкъомым, иужьрейхэм ящыщуи зыкъомым». (Аль-Уакъигьэ: 35-40).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Я1энущ зи нап1эхэр тезыгъал1э нэшхуэхэр, джэдык1э къутэным хуэдэу хъумахэр». (Ас-Сафат: 48-49).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Хьур нэ п1ащэхэр, налкъутналмэс яхъумам хуэдэхэр, ялэжьауэ щытам и псапэу къратынущ». (Аль-Уакъигьэ: 22-24).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абым ща1энущ ц1ыхуи жыни зэмы1уса зи нэхэр тезыгъал1эхэр. Фи Тхьэм и ф1ыгъуэхэм щыщу дэтхэнэра къивмыдзэр? Ахэр якъутымрэ мэрджанымрэ[54] хуэдэщ». (Ар-Рэхьман: 56-58).
6 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Абыхэм щы1эхэщ дэгъуэхэр, дахэхэр. Фи Тхьэм и ф1ыгъуэхэм щыщу дэтхэнэра къивмыдзэр? Хьурхэр шэтырхэм щ1эсу». (Ар-Рэхьман: 70-72).
7 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым иц1эк1э дэк1ам нэхущэм щегъэжьауэ къухьэгъуэм нэс ик1уар, е къухьэгъуэм щегъэжьауэ нэхущэм нэс ик1уар нэхъыф1щ мы дунейми, мы дунейм щы1эу хъуами нэхърэ. Фи шабзэкъум и ныкъуэм хуэдиз щ1ып1эр жэнэтым, е фи щ1опщым хуэдиз щ1ып1эр жэнэтым нэхъыф1щ мы дунейми, мы дунейм щы1эу хъуами нэхърэ. Ат1э жэнэтым щыщ бзылъхугъэ мы щ1ым щы1эхэм къыхуеплъыхатэмэ, а т1ум (къуэк1ып1эмрэ къухьэп1эмрэ) якур зэуэ къигъэунэхунут, мэ гуак1уэк1э из ищ1ынут а т1ум язэхуакур, и щхьэм тепхъуа 1элъэщ1ыр мы дунейми, мы дунейм щы1эу хъуами нэхърэ нэхъыф1щ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[55].
8 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ, л1ы къэс щхьэгъусит1 и1энущ абдежым, я къупщхьэ куц1ыр болъагъур я лым къыпхырыщу, щы1энукъым жэнэтым къэзмыша». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[56].
Жэнэтым мэуэ щы1эхэр:
Мэхэр зэщхьэщок1ыр ц1ыхухэм елъытауэ, я хэщ1ап1эхэм елъытауэ, ахэм щ1ып1эу яубыдым елъытауэ.
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Щ1ыб ик1ынухэкъым инк1и ц1ык1ук1и, убжьытхэнухэкъым, я пэри къыпыжынукъым, я щхьэмажьэхэр дыщэщ, я пщ1ант1эпсыр мискщ, я ф1амыщ1ыр пхъэ мэ гуак1уэ къызпихщ, я щхьэгъусэхэр хьур гьин[57], я теплъэк1э псори зым хуэдэнухэщ, я адэ Адам и теплъэм хуэдэу 1эфрак1э хыщ1 я лъагагъыу щытынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[58].
2 – Гьэбдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Мугьахэд[59] зыук1ам жэнэтым и мэр къыщ1ихьэнукъым, абым и мэр илъэс пл1ыщ1 и жыжьагъэк1э зеубгъур». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[60].
3 – Нэгъуэщ1у къызэра1уэтэжым же1эр: «Абым и мэр бжьыхьэ блыщ1ым и жыжьагъэк1э зеубгъур». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[61].
Жэнэтым щы1энухэм я щхьэгъусэхэм я уэрэдхэр:
Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энухэм я щхьэгъусэхэм макъ дахэ зыми зэи зэхимыхак1э я щхьэгъусэхэм уэрэд хужа1энущ. Ахэм я уэрэдым щыщщ: «Дэращ дэгъуэхэу дахэхэр, нэхъыф1 дыдэхэм дыращхьэгъусэщ, гупсэхур зыщагъуэтыри дэращ.
Абыхэм жа1эну уэрэдхэм щыщщ: «Игъащ1эми дыпсэунущ дымыл1эу, шынагъуэ зыдамылъагъухэри дэращ, дэращ къанэхэр зыщ1ып1и мык1уэхэр». Ат1-Т1эбэрани и «1эусэт1» тхылъым къи1уэтэжащ[62].
Жэнэтым щы1энухэр я щхьэгъусэхэм зэрек1уэл1энур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм жэнэтым ихьахэм загъэтхъэнущ, езыхэмрэ я щхьэгъусэхэмрэ шэнтжьейхэм тегъэщ1ауэ жыг жьауэхэм щ1эсынущ». (Ясин: 55-56).
2 – Зейд бин 1эркъэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Жэнэтым щыщ л1ым л1ищэм я къару иратынущ ешхэнми, ефэнми, ф1эф1агъми, и щхьэгъусэм ек1уэл1энми». Жи1ащ абдежым журтхэм щыщ л1ым: «Ешхэрэ ефэм щ1ыб ик1ын хуеинущ». Жи1ащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Щ1ыб зэрик1ынур пщ1ант1эпсыр и щ1ыфэм къызэрыхэк1ым хуэдэущ, ик1и и ныбэр ц1ык1у хъунущ». Ат1-Т1эбэранирэ Ад-Даримийрэ къа1уэтэжащ[63].
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ди фызхэм данэсыну жэнэтым?» Жи1ащ: «Л1ыр зы махуэм хъыджэбзищэм ек1уэл1эфынущ». Ат1-Т1эбэрани и «Аль-1эусэт1»-ымрэ Абу Нэгьим и «Сыфэту Аль-Джэннэ»-мрэ къа1уэтэжащ[64].
Сабийхэр жэнэтым:
Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Му1миныр жэнэтым сабий хуеймэ, лъэщыджэ щыхъунури, къыщыхъунури, ин щыхъунури а щыхуея дыдэ уахътэм щыгъуэщ». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[65].
Жэнэтым щы1энухэм я тхъэгъуэр зэримыухыжынур зэик1:
Жэнэтым ихьэнухэр щихьэк1э, мэлэ1ычхэр къапежьэнущи жэнэтым и ф1ыгъуэхэмк1э, ар игъащ1эк1э зэрыщы1энумк1э ягъэгуф1энухэщ зэи зэхамыха гуф1эгъуэ псалъэхэмк1э.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр къызэригъэгугъа жэнэтыр зыхуэдэращ: и лъабжьэм псыхэр щожэх, абы щы1э шхыныгъуэхэмрэ жьауэмрэ зэпымыужщ. Аращ Тхьэм ф1эл1ык1хэм я хэщ1ап1эр, джаурхэм я хэщ1ап1эр маф1эращ». (Ар-Рэгьд: 35).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Джак1уэр къэджэнущ: «Зэик1 сымаджэ фымыхъуу фыузыншэнущ, зэик1 фымыл1эу фыпсэунущ, зэик1 жьы фымыхъуу фыщ1алэнущ, зэик1 гукъеуэ фимы1эу фытхъэнущ». Аращ Лъап1эу Лъагэм и псалъэхэр: «Къаджэнущ: «Мыращ жэнэт щ1эину къыфлъысар флэжьауэ щытамк1э[66]». Муслим къи1уэтэжащ[67].
3 – Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, жэнэтым щы1эхэр жеину?» Жи1ащ: «Хьэуэ, жейр л1эныгъэм и къуэшщ». Аль-Бэззар къи1уэтэжащ[68].